DİASPORADAN YAŞAMINDAN KESİTLER – БАШ ТЕКЪУЗЭ ХЭМЫТУ

TEGULAN Yakup Temel (Тэгъулан Екъуб,Тыркум)

Тырку къэралыгъуэр зымыц1ыху ар зэрызхэщ1ыхьа щ1ык1эм щымыгъуазэ зы ц1ыху, нобэ абы къыхэплъэ къыхэдэ1ухьыуэ щытмэ, лъахэм тыркухэм щымыхъуа, курдхэм нэмыщ1 лъэпкъ имысу къыщыхъунущ,зи бзэ зи културер зи лъэпкъыщхьэр зэф1эк1уэд ахэм ф1эк1э щымы1эуэ къыф1эщ1ынущ. Сыт апхуэдэуэ щ1ехъур?

Хьукумэтым(правытэлствэм), мазит1-щы лъандэрэ, демократие зужьыныгъэк1э зэджэ зы 1уэху кърихьэжьауэ ирегъэк1уэк1.Хьукумэтым и л1ык1уэхэр, политикэ партхэм, ц1ыхубэ зэгуэхьэныгъэхэм, университетхэм я академикхэмрэ ц1ыхубэ узэщ1ак1уэхэм яхуэзэурэ, мы 1уэхум къыхужа1эну1эмэ щ1эупщ1эну я1ущ1ащ, я гупсысэхэм едэ1уащ.

Газэтхэмрэ телевизорэхэмрэ журналхэмрэ нэгъуэщ1 хъыбарегъащ1э 1энат1эхэм, мы демократие зужьыныгъэм теухуауэ тхыгъэхэр къытырадзэ, зэ1ущ1эхэр щок1уэк1, зэныкъуэкъушхуэхэр къыщохъей.1уэхур, ц1ыхухэм я нэхъыбэм къыда1ыгъми, ар зымыдэи , къыхушхыдэи, къыпэувыи мащ1экъым.

Пэжым ухуеймэ, мы 1уэхум демократие зужьыныгъэ ф1ащами, ар къыщ1ырахьэжьар, илъэс куэд лъандэрэ тырку къэралыгъуэр зыгъэгуэуэщхьэуэ, и къарур щ1эзых курд проблэмыр зыблэхын, ахэр зэтегъау1эф1эн папщ1эуэ зэрыщытыр псоми яц1ыху.

Адыгэхэр, тыркум къызэры1эпхъуэрэ, ипэрей Уэсмэн къэралыгъуэм и зэманми, абы иужьк1э зэтыраухуа нобэрей тырку республикэ къэралыгъуэм щыгъуэи, гурэпсэрэк1э зыщыпсоу къэралыгъуэм хуэлэжа анэхък1э, мор дыхуейщ мыр дыхуейщ жа1эуэ, зэик1 зыщыпсоу къэралыгъуэр хагъэзыхьыуэ вакъэ зэв ирагъаувакъым.Ар зэрыжа1эн ямыщ1эуэ е яхузэф1эмык1ыуэ е яф1эл1ык1ыуэ аратэкъым, ныт1э зэгупсысхэр, абы псалъэ к1ик1ыуэ жылагъуэр зэхэзехуэ зэрамыщ1ын, шыхуп1э ирамгъэхуэнрат, мыхъумэ, къэзгъэк1уэтэни изгъэк1уэтыжыныи я1эт,ныкъукъуэныр ялъэ къихьынут.Ауэ ди жагъуэ зэрыхъущи, къэралыгъуэми, мы лъэпкъыр сыт щыгъуи гурэпсэрэк1э къыткъуэтщ, ф1ыуэ къытхущытщ, езыхэми, я лъэпкъыщхьэр хъумэным хуэгъэзауэ зыгуэрхэр яхуэтщ1энщ жа1акъым.Жа1эн дэнэ къэна, ц1ыху псори зы бзэм , зы културэм къызэрагъаувэл1эным яужь итахэщ.

Адыгэхэм, мы жылагъуэм дэмократие зужьыныгъэ 1ухур ину къыща1эт нобэи, ипэм зэрыщытахэм худэуэ, щ1эгъуащэ зыкъыхагъщу ,пщым и щ1ыб джатэ щагъэдалъэу щыткъым.Къэралыгъуэм , баш текъузэ хэмыту, я културэр хъумэным, егъэф1эк1уэным хуэгъэза 1уэхугъэхэр къызрищтэным поплъэ.