АДЫГЭ ХЪУЛЪХУЫГЪЭХЭМ КIЭ! АДЫГЭ БЗЫЛЪХУЫГЪЭХЭМ КIЭ!

Ali Çurey
30.05.2017

Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр               Нобэ хуэдэу адыгъэпхъур

Ныкъуэгъасэу щытыгъакъым         Хъурмыжбанэу щытыгъакъым!

Япэ къэсым илэжьакъым!               И щхьэгъусэм пэпсэлъэжу

Напэншагъи илэжьакъым!               Игъэпуду и хабзакъым

 

Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр                 Нобэ хуэдэу адыгэпхъур

И лъэпкъ мащIэм хуэщIыIакъым!     Нэхъуеиншэу щытыгъакъым!

Мылъкум и нэр къыщхьэрипхъуэу   Нэмысынши укIытэнши

И щхьэ закъуи хуэпщылIакъым!       ПцIыIуэпцIыши яхэтакъым!

Фыз быныбэр сондэджэру               ГуемыIуу ар хуэпауэ

Бэзэр шэдым  хигъэсакъым!            Утыку къихьэу  щытыгъакъым!

Къилэжь мащIэр къыIэщIимхъыу     Нэхъыжь щыту ину псалъэу

Ефэ-ешхэу дэтыгъакъым!                ТIысу шхэуе ялъэгъуакъым

 

Мысостышхуэ  Пщызэбий

IУАЩХЬЭМАХУЭ

НАЛШЫК- 2016