UZUNYAYLA’DAN BİR ÖYKÜ – ЗОРЫМ И КЪУЭ ДЭГУ

Тэгъулан Екъуб (Tegulan Yakup Temel)
Uzunyayla’dan bir öykü

Ди къуажэ  Хьэпэш1ей, Гъуылэк1э еджэу зы л1ыж гуэр дэсыгъащ. Езыр Къуынашей щыщт ауэ  фызабэ гуэр хэхьажщ, бын сыти  щигъуэтыжри ди къуажэ къыдэтысхьэжауэ ди къуэжэгъу хъуыжат. Цыщлэныстэ жанхэр и1эу, мэл шынэ къащыным икъук1э хуэ1эк1уэлъак1уэу апхуэдэт. Мэл къащыгъуэ хъуамэ , ди пщ1ант1эм дэт мывэупц1эжым дэж и цыщлэныстэхэр щигъэжану куэдрэ щыплъагъуынт. Мэл къыщищынум щыгъуэ, чэтым зы къуымб къыщит1ынт, и лъакъухэр мыундэрэбжэн папщ1э абы иригъэлэлэхынти зэш имы1эу  махуэ псом мэл къищынт. Мэл къащыным щымхъуа таурыхъу жы1энк1эи 1эзэуэ, таурыхъу ныбэ жыхуам хуэдэу зыкъом зэрищ1эри зэхэтхауэ арат ауэ къуылейц1ык1ук1э къыбжи1энтэкъым. Зы махуэ гъуэрэм мэл къищу ди чэтым щ1эту, къытедгъэхьэфтэмэ ик1и  ди 1уэхури къыддигъапсынщ1энт жыт1эри таурыхъу къызриджы1энумк1э делъэ1уащ. Хъуынщ нт1э щ1алэхэ жи1эщ, и пш1энт1эпсыр и 1эгъуапэмк1э щ1илъэщ1ык1ри къыригъэжащ:

Фыкъада1уэ нт1э, нобэ Зорым и къуэ дэгуыр нывжезэ1нщ. Зы зэман зы къуажэ гуэрэм Зорым и къуэ дэгу и ц1эу зы л1ы дэст. Зорым и къуэр зэи мыувэ1эу шыху к1уэрт, къихурэ къак1уэжу къихуари яхуиугуэшу. Ауэрэ зэ къахуихащ т1оу къахихащ ари хъарзынэщ ауэ  апхуэдэурэ шыс хъуынутэкъым, къуажэми и ф1агъ куэд ек1ат,   езыри фызкъамышэти, къуэжэдэсхэм унагъуэуэ ягъэт1ысыну мурад ящ1ащ. Зы махуэ гуэр аргуэру Зорым и къуэ дэгуыр шыху к1уэщ, къихуа шыхэри къуажэм яхуиугуэшри хьэщ1эшым ек1уэл1эжащ. Нэхъыжхэм,  я къуажэм  дэс зы хъыджэбз хуагъэфэшати, къэпсалъэхэри « Уэ Зорым икъуэ, иджы нэужъи укъамщ1элэжын,
дияпэк1э унагъуэуи ут1ысын хуеймэ, иджы  мо хъыжээбзыр уэрк1э игъэу долъагъури, л1о жып1эр?»шыжъа1эм езбыи зырик1 къыпидзатэкъыми, « Ари хъуащ» жари теуывэхэри и нэкыхь хуатхащ.  Абы иужъ куэд мыщ1эу,  зы махуэ гуэрэ, зы цейижъ щыгъуу, зы пэ1э хуыжыжъ шхьэрыгъу, и щыбгыр псыгъуэу, и шыпщэр к1ыхьу зы л1ыж гуэр къыдэхьэри,  «Зорым и къуэ дэгуыр дэс?» жери щ1эупщ1ащ. «Дэскъым» шыжъа1эм игъазэри дэк1ыжащ. Аргуэру зы тхьэмахуэ дэк1ри къак1уэу щ1эупщ1эу «Дэскъым» шыжъэ1эм сыт ищ1энт,  дэк1ыжащ. Ешанэрейуэ къытиригъзэжри къуэжэм къыщыдэхьэм,  мыр апхуэждэу хъуынукъым жи1эщ, абдежым  зы Щ1алэ ц1ык1у къигъуэтри, «Уэ щынэхъы1э» жи1эщ «Зорым икъуэм зи нэкыхь хуатха хъыджэбзым и унэр сыбгъэлъагъутэмэ си фоч к1эщ1ыр уэстынтэм». Мо щ1алэ ц1ык1уыр фочым дихьэхри «Хъуынщ» жери иригъэлъагъуыну л1ыжыр иришэжащ.

Хъыджэбзым къубгъан ирихьэжъэу къигъэзэжауэ къэк1уэжу жыжъэу щалъагъуым,  щ1алэ ц1ык1уым,  «Зи унэ уыслъыхъуэ пщащэр мис моращ» жери иригъэлъэгъуащ. А нап1эзып1эм л1ыжыр хъыджэбзым бгъэдэлъадэщ ипхъуатэри мак1уэ мэлъей!Е ящ е  яшэ щ1эмхьэ, яф1ихьэщ. Л1ыжым и ц1эр Шэрэлыкъуэт. Яф1ихьщ абыи яужъым «Иджы сыт напэк1э Зорым и къуэм д1уплъэжыну, сыт жет1эну абы?» жары мы 1уэхуыр къуажэм дэсхэм хуабжэу гуыщ1эхьэ ящ1ащ. Куэд дэмык1ыу,  Зорым и къуэр шыху къик1ыжати пежъэхэри кърагъэблэгъэжъащ. Зорым и къуэми къихуа шыхэр къуажэм яхуигуэшщ, хьэщ1эшым щ1эхьажри гуыпым яхэт1ысхьэжащ. И шхьэ кърик1уахэр яхуи1уэтэжыну шахэплъэм,  ц1ыхухэр нэшхъей дыдэу елъагъу. Зырик1 къыжрам1эми, Зорым икъуэм, а нап1эзып1эм а зи ц1э кърау1а ц1ыхуыбзыр зэрышымэ1жыр къыгуыроу1э,
«Уэ гуып, л1о мыпхудэу фыщ1энэшхъейр, шымэ1жми дунейм ехыжам тхьэм жэнэтыр унап1э хуищ1» щыжи1эм,
«Тхьэуэ зи уафэ, ди жъэм къыжъдэмк1ыну, ди гуым имк1ыжыну зы гуыщ1эхьэ къытшыщ1ащи ущ1эмупщ1э» жъэ1э. «Ло къыфшыщ1ар?»

«Тхьэу дкъазгъащ1» жъа1эщ,  «А зиц1э къит1уа бзылъхуыгъэр,  и шыпщэр к1ыхьрэ и щыбгыр псыгъуэу  зы л1ыжъ гуэр тхьэмахуит1 зэк1элъык1уэу къак1уэри ихьри езэжамэ, е диш е ди шэ щ1эмхьэ!» Яужым, «Тхьэм къытхуиухар хъуынщ» жери Зорым икъуэ дэгуым абы ф1игъэк1акъым ауэ жылэр зэбгрык1ыжа нэужъ, «Хэгъуэгуым ит закъуэмэ, ар сэ къазгъуэтынмэ»

жери еуэщ абими ежъащ. Еуэщ ежъэщ хэгъуэгуыр ибгынэри,  пшэдджыжым шы псы егъэфэгъуэм деж зы къуажэ нэсащ. Гъэщ1эгъуэнракъэ, хъыджэбзыр есхьэжъа Щэрэлыкъуэи, иш псы иригъэфэну къуажэм къыдэк1 пэтрэ Зорым и къуэр къилъагъури и шыфэл1ыфэмк1э зэрыарар къиц1ыхащ,  «Тхьэр зыгъээпэжа, мыр Зорым и къуэр арамэ, скъимлъагъу щ1ык1э шыр щ1эслъэфэжыфащэрэ»жи1э шхьэк1э къилъагъущ,  мобыи къиц1ыхуыжри Щэрэлыкъуэ и пщ1ант1эм шыр кърихуыл1ащ. Ф1охъуыс зэрахри,  «Еблагъэ Зорым и къуэ»жи1ащ Щэрэлыкъуэ. Зорым и къуэм зырик1 жъиа1къым. Яужъым сытми, щым иригъапсыхщ   и щ1ак1уэ_башлыкъыр щригъэхри,  «ф1охъуыс апщий Зорым икъуэ» же1э.

«Аракъыми, егъащ1эм уыслъэгъуакъым  скъаплъэгъуакъым, си ц1эр уэ къызф1эпща нэхъей къибгъэц1эфту дауэ къызжеп1эрэ?» щыжи1эм,  «узахуэщ, уэлей уызмылъэгъуари сыкъомлъэгъуари пэжмэ ауэ уи  ф1ыц1эр куэдрэ жъа1эу,  уи л1ыгъэри зэхэсхт,  ныбжъэгъу благъэ уызщ1ын си мурадти уыщызмыгъуэтым мыр сымгъуэтынк1э симгъэтыну,  ауэ щыхъук1э езбы сэ сыкъырегъуэт жыз1эри мы ц1ыхубзыр къасхьащ. Си бын ф1эк1а нэгъуэщ1к1э семыплъа, уи ф1эщ мыхъумэ езбы еупщ1» щыжи1эм хъыджэбзыр къапсалъэри, «Зи дыщ к1уэж куэд хабзэмэ сэри ск1уэдынщ, мыбы сэ схуэмфащэуэ къысхуышытакъым». Ит1анэ ефэ ешхэр зэф1эк1ри, Зорым и къуэ дэгуым, «Си щыр къыщ1эш» же1э. Щэрэлыкъуэм,  «Ахъу!дауэ къыщ1эсшын, узиф1мэ сымыщ1эу узибиймэ сымыщ1эу, апхуэдэу мыхъуын, зы унафэ къысхуэпщ1ын хуейм!»щыжи1эм шыгъуэ,  «А 1уэхыгъэм сэ си 1уэху хэлъыжкъым, сэ сшэсыжынущ» жи1эщ абыи къеуэри къезэжащ.  Зыкъом дэк1а нэужъ, Щэрэлыкъуэ йогуыпсыс, «Уэлей хъуынмэ мы си къаныр зэрышысар, къыщык1уа махуэ лъандэрэи и пхъуантэ дэлъри дгъэхьэзырам, хъуынмэ иджы дышэжынщ»же1э, ит1ани «А си тхьэ, и пхъуантэдэлъым къыхуэт щэ1эу п1эрэ?»жери игу къок1ыж. Щымыхъуым, я къуажэ и ныбжыр илъэсищэм илъсипш1 щ1ыгъу зы л1ыжъ дэсти чэнджэщак1уэ хуок1уэ «Иыджы» жи1ащ,  «Уи шхьэр сыгъаузынущ, сэ зы къан къысхуахьати сшэжын хъуащи,  и пхъуантэдэлъу хуызэзгъэпэщам хуэныкъуэ и1аупэрэ, сынопщ1ыну сыкъэк1уат» «Л1о дэлъыр къызже1ат?» «Гъуэнщэч, бохцей, дыщэ пэ1а, нэгъуэщ1хэри»жери пхъуантэдэлъ ящ1 хабзэ зырик1 къимгъэнэу псори кърибжъэк1ащ.
«Куэду ф1ышщ, куэду игъуэщ ауэ, афэджанэ дэлъ афэджанэ?Мыр ек1уурэ ещхьыу сгъэкъанынщ жыпэ1мэ афэджанэ хуебгъэщ1ын хуейщ» «Тхьэсо1уэ афэджанэ хуэзмыщ1а»
«ныт1э афэджанэ хуегъащ1. »же1а.

Ти,  афэджанэи хуыригъэщ1ащ. Хъыджэбз, щ1алэ, пшынауэ дэщ1ыгъуу фызышэ гуп хуызригъэпэшри и къаныр иригъэшэжащ. Ауэрэ фызышэ гуыпыр Зорым и къуэм и къуажэм и гъуынэгъ щыхъуым фызышэм и тхьэмадэм,  «Иджы фызтеувэ1э гуып, мыбы и къэхьыжык1эр къуажэм зыф1эф1и зыф1эмыф1и дэсынмэ, и нэхъыф1ыр аращи щууит1 фытхэк1,  зиц1э къит1уам и бжэ1уыпэм фы1уыхьыи 1уэхуыр зытетыр жэв1э, къытхуащ1 ди унафэщ»же1э. Шууит1ыр жыхуа1ам дэж 1уыхьау 1уэхуыр зытетыр шыжъра1эм къуажэр зэхуос, унафэ ящ1,  зы тхьэмадэи хашри хъыджэбз щ1алэ фызышэ гуып къыдагъак1. Гуып къэк1уар къуажэм ирагъэблэгъа шхьэк1э,  «къаныр сэ зытырезгъэшэнущ, уэ зытыребгъэшэнущ» жа1эурэ зэныкъэкъу къахохъуэ. Зэзэуэн щыхъуым, тхьэмадэм шууит1 къыхышри яжри1эщ ,  « Фык1уэи Зорым и къуэм дэж, жылэр къан ешэл1эн папщ1э зэхэхьащ,  сл1о тщ1энур жыв1э». Зорым и
къуэр къак1уахэм жа1эм щеда1уэм мэдэхьашхри,  «къаныгъэк1э къахь хабзэмэ хъуынмэ ар зэрыкъанар» же1э. Шууит1ым ягъэзэжри мырам мырам жи1эр шыжа1эм къаныр и унэм ирашэл1эж, жэшми джэгуышхуэ яуыблэри нэху щыху джэгу ящ1. Ет1анэрей махуэм гуыпыр къезэжын щыхъуым, Зорым и къуэ дэгуым, къэк1уа хьэщ1э фызышэ гуыпым шыуанэ зэтелърэ щ1аку1э_башлыкъ ф1ыц1э гъэджэрэзак1э етэну мурад ищ1ащ. Ауэ ит1ани дзыхь имыщ1ыу «Ярэби, мыпхуэдэ зыгуорк1э сетэмэ ирикъуыну п1эрэ, хьэмэрэ нэхъ куэдыу1эк1э сетэн хуей?» жэри йогуыпсысыж. Къуажэм,  и ныбжыр илъэсищэрэ илъэсипщ1 хъуыуэ зы л1ыжыжъ дэсти ечэнджэшыну зы щ1алэ зыщ1игъури л1ыжым дэж к1уащ. «Мыбы зы емык1у хэлъмэ ди емык1уыр жылэгъуиблым ща1уэтэж нэхърэ, емык1уыр ди хэгъуэгу къинэжмэ нэхъыф1щ»жери апхуэдэт зэрэгуыпсысыр. Нэсри,  и щ1алэ гъуысэр щ1ыгъэхьащ. Щ1алэм, «Игъуэу плъагъу щытмэ Зорым икъуэр къыщ1эхьэнут»же1э. Л1ыжым,

«Сл1о и фызыр къызригъуэтыжам щхьэк1э гуыф1ак1уэ къысхуэк1уа?» жери
жэуап къретыж. Яужъым,  «Хъуынщ къыщ1ырехьа» щыжи1эм Зорым икъуэ дэгуыр
ш1эхьащ. Л1ыжыр л1ыж нэфт. Имлъагъу пэтрэ иремыук1ытэ жэри и щ1ыбагъыр
къыхуигъэзауэ зэф1эту шытт,  абы щыгъуэ сыт хабзэ щэ1ами!Зорым и къуэр
къопсалъэ,

«Тхьар сгъэпэжа скъызрык1уар зэрыемык1ури сощ1эмэ ауэ, емык1уыр ди къуажэ къыдэнэжмэ нэхъыф1щ хамэ щ1ып1э ща1уэтэж нэхърэ жызэ1ри скъыпхуэк1уам».
«Ар хъуащ, къыжы1э»
«Иджы къаныр къазшэжа лъэныкъуэм зы шыуанэ зэтэлъ зэрызрэ щ1ак1уэ_башлыкъ гъаджэрэза зэрыз яхуэзгъэхьазыращи мыр ирикъуын хьэмэрэ нэхъыбэ1уэк1э сетэн хуей?»

«Зы мастэ нэхъыбэк1э уетэн хуейкъым, Шэрэлыкъуэми адрейхэм епта зыгуэр ептмэ хъуынущ ауэ шыщэсыыжк1э и шы лъэрыгъыпсыр быубыдынщ абыи_Шэрэлыкъуэ,  иджы нэужък1э ныбжъэгъу благъ дысхуэхъуащи си ф1агъэ уэк1мэ плъагъуыщ_же1эи ирикъуынщ». Зорым и къуэм а жыхуи1эм хуэдэу, и ныбжэгъуыр щригъэзэжым   и лъэрыгъыпсыр иубыдри «Шэрэлыкъуэ, иджы нэужъ пхуэзщ1э1амэ плагъуынщ» жери иригъэзэжащ. Ахэр иригъэзэжа нэужъ Зорым и къуэр шыху к1уэри шыбз хъуышэ къихуащ ауэ мызэдалэ къишахэр    занщ1эу
Щэрэлыкъуэхэ деж ирихуыл1ащ.  И къуажэ шу 1эщхьэпц1анэу 1энэщ1у къыдэхьажу къыщалъагъуым и къуэжэгъухэм хэтым,

«1ыхьыы, тхьэсо1уэ а тщ1ар мыхъуа, къхуэтшэри зыдгъаунэхъужам» жа1э шхьэк1э хэтми,

«Уэ шу, мызэгъуэгу къимшами ягъэк1ынкъым, ет1энэрей гъуэгу къишэнщ, т1эк1у фбыяу, зэк1э зырик1 жывмы1э» жа1э.

Зорым и къуэ дэгуыр аргуэру шыху к1уэну йоуэри йожъэ, шы къихуар аргуорэу Щэрэлыкъуэ деж ешэри и къуажэ 1эщхьэпц1анэу къыдохьаж. И къуэжэгъухэм бгъэдэмхьэж хъуат,  «Тхьам и ц1эк1э со1уэ, мыбы къыхуэтшэри ди насыпым делъэпэуэжам» жа1э.  Зорым и къуэр шыху к1уэну дэк1ри, и закъу емыжъэу  занщ1эу Щэрэлыкъуэ деж ек1уэл1ащ,  «Нак1уэ Щэрэлыкъуэ, иджы хамэ щ1ып1э шыху док1уэ»жери и ныбжъэгъуыр зэдиыштащ. Хэгъуэгуыр ябгынэри, нэхуыщым хамэ хэгъуэгу нэсахэщ. Махуэр къамыл псыхъуэм щагъак1уэри пшэхьашхьэ хъуащ. Жэшым псыхъуэм зы шыбз хъуышэ къыхашати,  ущ1эмупщ1э, дунейр еуфэбгъу! «Уэлей Щэрэлыкъуэ къадгъуэтам ауэ плъырыр зэ1эщ1эдгъхьан хуеймэ, армыхъумэ ди шхьэ кърик1уэнур пщ1энкъым» Плъырым лъыхъуэщ къагъэтщ, е1эщ ирадзыхщ япхэри яубыдащ. Плъырым,  «Уэ» жи1эщ, «къызжев1эу щытмэ зыгуорк1э сынывэупщ1ынут, Зорым и къуэ дэгу жыхуа1эр уэра?»Щэрэлыкъуэ «Аращ, л1о хуэпщ1энур?»шыжи1эм,

«Мы Зорым и къуэм л1ыгъэ хэлъу и ц1эр зэхэсхт ауэ сэ мы ныбжъым сынэсащи,  си тхыц1эр щ1ым къынигъасыфыну л1ы схуэзакъым».  «Нэгъуэщ1 жып1эн щэ1э?»щыжъа1эм,

«Щэ1эщ, мы сгъахъу шы хъуышэр хъаным ейщ, зы илъэск1э зы шы закъуэ жып1эм сымгъак1уэду сгъахъумэ и пхъуыр къызитыну жи1эщ, абы и п1алъэри нышхьабэ ирокъури, армыхъумэ шыхъуыпщ1эр сыпык1ыну зэдухыл1ащ. » шыжи1эм,  плырыр ят1этэжщ нэху щыхуи шыбзыр зэдагъахъури пшэдджыжым плъырыр къаут1ыпшыжащ. Апхудэу щыхъуым плъырыр къапсалъэри,

«Тхьэм и ц1эк1э со1уэ,  сэ мы ц1ыхугъэр фэ къыщысхуэф1щ1ак1э, пшэдей пшэхьашхьэ иджырхуэдэм деж сэ мы хъуышэр къыв1эрызгъэхьажынумэ» жери еуэщ шы хъуышэр ирихуыжъэри хъаным деж ихуыжащ. Ябжри,  тэмамт.  «Е1э иджы, сыкъызрыбгъагуыгъар гъазэщ1эж» жи1эуэ хъаным л1ык1уэ шыхуищ1ым,

«Уэлей мыр делэ1уылэмэ сымыщ1э, си шыр зыгъахъу псом си пхъуыр естыну щытатэмэ ар уэ къыплъымсынт, уи адэ ипсэ ар!»щыжи1эм плъыржыр къогуыбжри,

«Ара, хъуынщ ныт1э, и шым и шхьэр хэзмыгъалъхьамэ илъагъуынщ абы, щ1элэц1ык1у к1эн джэгуу и гуыгъащ ар, сэ зы илъэск1э и шыр щ1эзгъахъуар сыт?»  Ц1ыхухэми хъаныр ягъэкъуанщэ,  «Ар хъуын 1эхъу!Уи пхъуыр йотынумэ сл1о къыщ1эбгъагуыгъэр» жъа1э щыхъумым , мо хъанри амалыншэ хъури и пхъуыр плъырым иритащ. Плъырыжри щэуап1э тысыжащ. Шы хъыушэм нэгъуэщ1 плырыж прагъэуывщ абыи шыхэр дихури езэжащ. Ит1анэ,   а махуэм жэшыр хэк1уатэу ц1ыхухэр зэгъажа нэужъ, хъаным и пхъуыр къэзша плъырыжыр щэуап1эм къыщ1эк1ри шыбз хъуышэм къык1элъык1уэщ къасщ, занщ1эулъырыжым теуэщ,  т1ыт1 жи1эу зэщ1ипхэри къызригъагуыгъам хуэдэу шы хъуышэр Щэрэлыкъуам деж хуихуащ. Езыри нэху мыщ щ1ык1э и щэуап1э щ1эхьэжащ. Аршхьак1э,  къиша фызри куэд дэмык1ыу дунейм ехыжащ, ехыжри, плъырыжым къимышэу зы илъэс илъэсит1 шысащ. Ит1анэ,  щымыхъуым,  «Мыр мыпхуэдэу мыхъуыну,  сэ мыпхудэ фызыи мы хэгъуэгуым изымгъуэтэн, Зорым и къуэмрэ Щэрэлыкъуэ я деж ск1уэнщи, зыгуор къысхуащ1эмэ къысхуащ1ащ ф1эк1а фызыншэу сыкъэнамэ» же1э,

зкъызщ1экъуызэ,  хэгъуэгури ебгынэри абы я лъэныкъуэк1э къок1уэри къок1уэ. Зорым и къуажэр къегъуэт,  «Зорым и къуэр дэс?» жери щ1оупщ1э. «Дэскъым,  зек1уэ к1уаш» жа1э. Къыдок1ыж. Аргуору зы тхьэмахуэ нэужъым къегъэк1эрахъуэ къегъэзэжри щ1оупщ1э,

«Зорым и къуэ дэгуыр дэс?» «Дэскъым»
«Дэнэ щэ1э?»
«Зек1уэ к1уащ?»

Апхудэу хъуынутэкъым. А къуажэр зы къуэладжэ дэст, къуэладжэ дэхьэп1эр иубыдри,  дэхьар ихъуынщ1эу къыдэк1ыжыр ихъунщ1эу хуежащ. Куэд дэмык1ыу, Зорым и къуэр зек1уэ къик1ыжащ. 1уэхуыр зэтетыр щыжра1эм,

«1эу ар хъуын!модэ си шыр къыщ1эфш» жери и щым мэшэсри къуладжэм мак1уэ. А плъырыжми зы т1ысып1э и1энтэкъа, зэк1э хъуынщ1ак1уэр игъуэтакъым. Атк1э плъэщ  мыт1к1э плъэщ зырик1 щымлъагъуым,  и шым къепсыхщ илъахъэри гъуэлъащ. Плъырым и къыкъуэк1ыгъуэ къасри къаплъэу къышилъагъым, « Тхьэ,  Зорым и къуэр къазгъуэтам, си 1уэхуыр зыф1игъак1мэ зэф1эзгъэк1ынур мырам» жери егуыпсысащ. Къыбгъэдэхьари, и щ1ак1уэри тепхъуат, «Ейй!»жери къеджащ. Сэлам зэрахри, Зорым и къуэм,

«Уанэмыгъуэр тезмылъхьан, мы къуажэ тхьамышк1эм ф1эк1а бхъуынщ1эн бгъуэтакъэ?»жэ.

«Тхьэ сгъэ1а, къуажэи си мы1уэху жылэи си мы1уэху, уэ сынолъыхъуэри арамэ». Зэщ1эупщ1эн яуыхри плъырыжым,

«Си шхьэ 1уэху кърик1уамэ!»же.

«Сл1о кърик1уар?»

«А Фи ф1ыгъэк1э къэзша нэрыбгэр щым1эж,  сэри фызыншэу сыкъэнамэ, фэ сынывшыгуыгъури сыкъэк1уам шыжи1эм,  Зорым и къуэ дэгуым,  «Апхуэдэ 1уэхухэм сэ хэзщ1ык1 шымы1э, модэ Щэрэлыкъуэ хэгъуэгуым исир ец1ыху, дык1уэнщ ныжэбэ дхуохьэщ1энщи къытхуищ1 ди унафэщ. »жэ. Йоуэри зэдэщ1ыгъу Щэрэлыкъуэ и къуажэ мак1уэхэ. Щэрэлыкъуэ хьэщ1эхэр
иригъаблагъэри иригъашхащ,  иригъэфащ. Иужъым, Зорым и къуэм,

«Уэ Щэрэлыкъуэ , мы ди хьэщ1эм и гуыкъеуэм зэик1 ущ1эуыпщ1экъыми. . »же1э.

«Сл1о сыт къахъу сыт къащ1?»

Мырам мырам шыжа1эм,  «Мо къуажэ гуорэм зы хъыджэбз дэсщи,  и нэкыхьри ятхам и фызышэри е нобэ е ныжэбэм ауэ. . » жи1эщ.  Еуэщ абыи а къуажэм к1уахэщ. Фызышэми,  езбыхэми я дэхьагъуэри зэтехуат. А пщэхьэщхьам джэгуми хэтахэщ, пшэдджыжым фызышэр къыщэжэжым зыкъыздащ1ыгъури, зыдашэм нэсыху зырик1 жа1экъым. Сытми а зэманым унэ ирамышэу щауэ ищыж щэ1этэкъым, щауэ йомшауи зышам и фыз хъуытэкъым,  апхудэу зы тхьэмаху махуипщ1 хуэдиз дагъак1т. Ти,  зы тхьэмахуэ дэк1ри унэишэ ящ1ыну ягъэ1уащ. Фызышэр зейхэр абазэхэхэти фэнд зэрахьат хьатыкъуейхэм хуэдэу. А къуэжэм зы 1уащхьэ и1эти «шы зи1эр 1уащхьам кърек1уал1э,  фэнд зетхьанущи» жа1эри гъо ирагъэжащ. Бысым щ1алэм,

«Фынак1уэ нысэр зейм я 1уыжым джэгу тэк1у ящ1ынущи дыхэтынщ»жери Щэрэлыкъуэрэ Зорым и къуэр ешэ. Джэгуыр яуыблэри уыдж ящ1ыу ауерэ къыздеуджыхьым, лэгъуынэм и бжэр дэмэдазэ ящ1ауэ нысащ1э хъуыну къэхьа пшащэмрэ и пшыпхъуыр къыдэплъхэу шилъагъуым, Зорым и къуэм нысащ1эр къипхъуатэри джэгуым къыхишащ. Ар щалъагъум, «Е1ы! Ар дауэ хъуын,  мор дыхъуным, мыр дыщ1эным, щ1эдудыным жа1э шхьак1э Зорым и къуэм и л1ыгъэр яц1ыхурти, «Шывгъат!фи 1эхъуэшыхъуэр зэщ1ишыпэным, фи шхьари хывигъалъхьаным, абы
хабзэншагъэ ищ1энкъым,  зэик1 зывымгъэхъей. »жари заушэхуыри абы къыф1агъэк1акъым. Абы иужък1э, Зорым и къуэ дэгуым нысэм зыкъыхуегъазэри

«Уэ дахэ» жи1эщ, «Яужъ дызритри уэрам, бэлыхь жып1эмэ бэлыхьи къытполъэлъым, ауэ дэ бэлыхь дыхуейкъыми зэрыхъуын къадгъэлъагъуэ» «Алыхь БЭЛЫХЬИ дыхуэмей, бэлыхьым тхьэм ц1ыхуу щэ1ар дыщихъуымэ, фэнд зэрахьэну  нобэ шууэ щэ1эр ек1уэл1энущи фэри фык1уэнщ, дыгъуэгурык1уэщ дезэжын хуейщ жыв1энщ зы псалъэк1эи яхуэф1щ1ынщи къэвгъэк1эрэхъуэнщи
къэвгъэзэжынщ. Си пшыпхъуымрэ сэрэ къубгъан етхьажа хуэдэу дык1уэу къышыдгъэзэжым са1эщ1эфхмэ са1эщ1эфхащ, армыхъумэ сэ мы 1уэхуым нэгъуэщ1 хэк1ып1э и1эуэ сымыщ1э»
«Хъуынщ жари» щ1агъэхьажащ.

«Е1э,  шы зи1эр фынэшэс, фэнд зэрахьанущи 1уащхьам фынак1уэ»жари шы зи1э псор абы к1уащ. Плъырыжри, Щэрэлыкъуэи, Зорым и къуэ дэгури 1уащхьам к1уахэщ. Хьэгъуэл1ыгъэум т1эк1у хэтахэ нэужъ, нэхъыжхэм ябгъэдэхьахэри,

«Мыращ мыращ,  дэ дгъуэгурык1уэщ, фи 1уэриху тхьам махуэ ищ1» жари къахэк1ыжащ.  Къэгъэк1эрахъуэри къыщагъэзэжым а зыжра1эм хуэдэу, нысэмрэ и пшыпхъуым къубгъан ирахьэжауэ къэгъэзэжт. И гъуысэхэм,

«Щэрэлыкъуэ» жа1эщ,  «Уэ хъыджэбз ехьажэнк1э у1эзэщ, е1э иджы!» жари щегуышэ1эм,  Щэрэлыкъуэр хъыджэбзым бгъуырылъадэщ ипхъуатэри,  мак1уэ мэлъей!Е яш е яшэ щ1эмхьэ. Шууишри зэрызехьау шык1уэм, Щэрэлыкъуэм,

«Ди яужъ къак1уэ1эуп1эрэ, зэ еплъыт шыжи1эм, и шыпл1эм дэс хъыджэбзым,

«Шууищ фочыкуым къык1ам хуэдэу къок1уэм, мы шууищым хэк1ыну1эмэ хэгъак1» жэ1э. «Сэ уэр шхьак1э си гуыр ныкъуэщ ф1эк1а ахэр си шым и сабэм къыщ1эзмыгъэхьан» жери Щэрэлыкъуэм и шым зэ т1оу шыхэуэм,  шыхэр илъщ абыи къык1элъыпхъэра шухэри ф1ыуэ къызэранэк1ащ. Плъырым и къуажэ къасыжхэри, жэшибл махуиблк1э джэгуи хуащ1ащ. Абы и ужък1э,  щыри ныбжэгъублагъэФ1 зэхуэхъри зэк1элъык1уэурэ псоуахэщ.

Гъуылэ и таурыхъуыр шыухам, и цыщлэныстэр щ1игъэладэм гуигъахуым гуигъахуыурэ мэл пха п1этрауэм бацэр къригъэщэтэхырт.  Къэщын иуыхщ, мащ1эу т1эк1у триупщ1ык1а мэл щ1ыфэ у1эгъэм хьэп1ыц1э тримщ1эн папщ1э  яжъэ  трик1уытэщ мэлри къит1этэжри иутпшыжащ.