Къэзгъэзэжащ сикъуэшыжьхэ.

Мызэдалэ фи упщIэхэм пэджэж еcтыныр тIэкIу сгъэгуващ къысхуэвгъэгъу, ауэ уэлэхи сэ си лажьэ хэмылъ сикъуэшыжьхэ,си шыпхъу дыщэхэ.

ЗэрыфщIэщи сэ тхьэмахуитI хъуауэ сылажьэт фIыуи сешати тIэкIу синэгу зезыгъэужьынщ зызгъэпсэхунщ жысIэри  германием сыкIуэну сежьащ. Ауэ щыуагъэкIэ нэгъуэщI щыпIэ кIуэ кхъуэхьлъатэм ситIысхьауэ къыщэкри багъдад  дыкъыщетIысэхащ.

Си паспортым дамыгъэ къеуэу сыкъыдагъэкIыху тIэкIу гугъу сырагъэхьащ ауэ зизыгъанэри махуищIкIэ  къахуэзмыгъэзэжу  аэропортым сащыфIытесым «уэлэхи мыр хэтми лIы бэлыхь гуэрэм» жаIэри сыкъыдэкIыу къалэм сыкъехыну хуит сащIащ.

Сытми ахуэди къохъу лIыхъужь умыгужьеуэ еплъ уи Iуэху, мыбыи зыгъэпсэхупIэ гуэрхэр щыIу къыщIэкIынщ жысIэри  зы хьэщIэщ къэслъыхъуэну къалэм сехащ.

Мы лъэпкъым я къалэхэм Iащэ къигъэцIэфтауэ цIыху къом дэтщи, сыту пIэрэ мыбы яхуэмыгуэшыр хысIу сегупсысуурэ зым сыбгъэдыхьэри сеупщIын щыхъум, сит даун сит даун,тейкк ап ур ханд  жиIэри гуэууэ щIидзащ, фочри къыстыриубыдащ. Уэнэмахуэ сыт дэуэн сэ хьэщIэщ солъыхъуэ жысIами къызэмыдаIуэхэу зы машинэ сырадзэщ си нэхэр щапхэри зы щIыпIэ сащащ.

Абы си нэхэр къыщатIэтэжри сеплъмэ зы пэш кIыфI сыщIагъэтIысхащ.

«уэлэхи лIыхъужь щIалэр тIэкIу къыпщIэкIиями щэлэфIу къыщIэкам, занщIу хьэщIэщым укъишащ» жысэри сыкъыщIэкIыну бжэм сеIэмэ къетащ. Зыкъэзгъазу пэшыр къызэпэсплъыхьмэ телевизыр щIэмыту, шэнти,Iани щIэмыту зы щхьэгъубжэжь цIыкIу иIэрэ абыи гъущI хъар хэлъу  зы пэш Iей дыдэ.

Хуабжьу сызэгуэпащ ауэ зэ нэху ирещ сэ абы сахурикъынщ жысIэри зызуукъуэдиящ тIэкIу. Къалэм сыкъыщехым махуэ шэджагъуэт сыту псынщIу жэщI хъуа, мы хьэрыпым я махуэхэр кIэщI дыдэу къыщIэкаи жысIу сегупсысуурэ сыIурихащ.

Сыт хуэдиз сыжеями сщIэркъым ауэ,зыгуэр см пщампIэ еIэри сыкъызэфIигъэтIысхьащ ,а сыхьэтыуи сыкъэушащ. Сеплъмэ зыр си пэшым хуэду фIыцIу  адрер сырыхуу щIэлэжьитI къысщхьэщытщ,ахэми фоч яIыгъщ. зэпымыуу зыгуэрхэр къызжаIэ ауэ зыри къызгурыIуэркъым жаIэхэм щыщ, зы паспорт хъыбар сыкъырагъэдаIуэ къызгурыIуэри а зы псалъэращ.

Иужьым «уа лIыхъужь мыбы рэгистрацэ ящIыну уи паспортым щIэупщIураупIэрэ жысIэри си паспортыр си гуфIакIэм къыщыдэсхым къепхъуэри зым сIэщIитхъащ занщIу.СыкIэлъыпхъуэри къызэфтыж паспортыр сэ мыпхуэдэ хьэщIэщ сыщIэлъынкъым жысIами къызэмыдаIуэу бжэр ирагулIри щIэкIыжахэщ.

Былымым хуэдэщ мы хьэщIэщым щылахьэхэр,хьэщIэм апхуэду ухущыт хъун жысIэри сышхыдэурэ сыхэтIысхэжащ си пIэм иджыри нэху щатэIыми сыхилъэфэжри сэ пщэдджыжь абы сахурикъунщ жысIурэ сыIурихыжащ.

ФIыуэ зызгъэпсэхущ,си жери ирикъури сыкъэушыжмэ иджыри кIыфIщ си пэшыр « ялыхь мыбы я жэщхэр сыту кIыхь жысIэурэ сыкъэтэджщ бжэм сеIэри къетат. ТIэкIуи сызэгуэпащ пэжым ухуемэ ауэ рэгистрацэ ямыщIу сыщIагъэкIыну къыщэкIынкъым жысIэри амалыншэу сетIысэхыжащ. Абы хэтыуи зы лIы ныбэфыжь бжэ щIагъымкIэ зы тепщэчрэ щIакхъуэ ныкъуэрэ къыщигъэлъадэри укIыжырэ пэт бжэм сыIуладэщ аби « уэ къуэш зы мыхъуми лы тIэкIу схуэгъэгъажьэ фадэ гуэри къыщIывгъуи къысхэхь» жысIэри сыщIэкIиящ ауэ жысIар къыгурымыIуами сщIэркъым мэл делэ плъэкIэу къызэплщ ищIыб къигъазэри IукIыжащ.

Си рэгистрацэр ящIу паспортыр къамыхьыжу, икIи нэху мыщу,си пэшми сыщIамыгъэкIурэ блэ а шхын дыдэр къысхуахьурэ сшхащ. Къахьыху къэси шхын къэзыхьым нэгъуэщIзаказхэр естащ ауэ зэи къысхуахьакъым. Мыбы дэхэдахэу обслуживат уащIкым нтIэ дауэ турист къызэрыкIуэнур жысIурэ сахуэшхыдащ сэрсэру.

Иужьым сыкъызэрежьами сыхущIегъуэжыным нэсауэ, тхьэм жиIэмэ иджыри зэ сыкъэмыкIуэн жысIу сышхыдэрэпэт  си бжэр Iуахщ а щалэжьитым си паспортри къызатыжри пэшым дыкъыщIэкIщ аби аргуэру зы машинэ Iей сыракуащ, апшIэндэху нэхуи щащ.Тхьэм ещIэри мыбы я жэщхэм дыдем хуэду жэщибл икIыхьагъщ.

Аращи сыкъыздашар сфIэфI зэрымхъуар къагурыIуащи нэгъуэщI хьэщэщ сашэ жысIурэ зы сыхьэт ныкъуэ хуэдиз дыкIуэри  машинэм дыкъикIмэ а ерагъкIэ скъызтекIа аэропортым дытетщ аргуэру,зэ лIыхъущI умыгубжьу я щIэнум еплъ,фIы къыпхуащIэнуми пщIэIым жысIэри зызуущэхущ аби дыкъырашэкI дынырашэкIурэ сыкъызэрыкIуа кхъухьлъатэм и бжэм дыкъыщыхутэжащ. А щIалэжьитIми сыкъагъанэри загъэзэжащ, куэд дэмыкIу кхъухьлъатэри теджащ.

Арати си губжь ятезмыкъутэфу дыкъежьэжа хъури сызэгуэпу сыкъэкIуэжащ.Абы фIэкI хьэщIэщ зыдэмытым,абы фIэкI хэщIэм пщIэ хуэзмыщIым иджыри зэ сымыкIуэныуи псалъэ зэстыжащ.

СыкъэкIуэжаиужь къэхъуа къэщIар си ныбжьэгъум хуэсIуэтэжри «зыгуэркIэ зыбгъэпсэхуну багъдад умыкIуэ жысIати, а щхьэпсынщIэм ауан сыкъищIащ  сэ аэропортым сыкъызэрдэкIу  саубыду сагъэтIысау жиIэри. сыт абы фIэкI дуней зымылъэгъуам туризмэм нэгъуэщ лъэпкъхэм културэхэм хищIыкIынур.

Сытми къэзгъэзэжащ лэжьапIэм, тхьэм жиIэмэ къэкIуэ тхьэмахуэ фи упщIэхэм жэуап нестынущ.

Фикъушыжь ЛIыхъужь.

Таурыхъым пэджэж упщIэхэр...

Зы зимыIэм «зы выжь» зэриIэраупIэрэ, гъащIэм и гуэгъуу  сэ сыщIыщIищIэр?

Зы зимыIэм а зы выжьыр дэнэ къыриха, къимдыгъуамэ сыт абы витI щIимыIэр?

ИтIани мыри къызгурыIуэкъым, сыт щхьэ выжь тхьэмыщкIэр къыщIырихуэкIыр, сыт мыгъуэ а выжьым и лажьэр?

Выжьыр мылым щIытехьэн щIэхъуари гурIуэгъуэкым,  ара абы «вы» щIыжраIэр?

А выжьыр мылым техуауэ злъэгъуар хэт, Ар къезыхуэкIхэм лъэрыжэ яIэт, ахэр дауэ темыхуэу къызэтена, лъэкъуиплI зиIэ выжьыр щытехуэм лъэкъуиткIэ къезыхуэкIхэр темыхуауэ хэт и фIэщ  хъун?..

Хэт мы си упщIэхэм пэджэж хъуэхъуныр?

«Мы упщIэхэр зытхар щхьэкIэ щагъуэкъым.» жывIэу фщегупсыскIэ, сыт щхьэ и кIэм нэс феджа?..

Сэри зы зимыIэм сащыщщ ауэ сэ щхэ зы выжь симыIэрэ, седэхащIэурэ къесшэкIыну?

Таурыхъым дыкъигъапцIупIэрэ, мы гъащIэм зы зимыIэм выжьи имыIауэ къысщохъу?..

Къезыгъэхьар : ЩIэжокъуэ Зафэр...Тыркум.

 

ФыкъызэупщIи пэджэж фэстынщ.

Сэлам гуапэ фызох сикъуэшыжьхэ,мис тхьэмахуэр зы махуэ нэхъ умыщIэу блэкIащ,сэри зы мыхъуми зы тхьэмахуэ лэжьапщIэр гаранти сщIащ.Мы тхьэмахуэм къриубыдэу упщIэ къом къыслъэIэсащи ахэм щыщ зы тIущым пэджэж естынущ.Иджы си жыпым ахъшэ тIэкIуи илъщи нэхъ гукъыдэж сиIэ хъуащ.

ЛIыхъужьу си нэхъыжьфI !
Сэ си упщIэр кIэщIу ныбжызоIэ,кхъыIэ пщIэмэ зы жэуап къызэт.Сыт мы хамэ къэрал шыIэ адыгэхэр абы къыщIыщыхутар
?  дэ зэрытщIэмкIэ Адыгэ хэкур кавказыращ,сыт ахэр абы щIыщыIэр,ахэр мыбы икIа хьаурэ дэ абы дыкъикIа. Сыт мы Iуэхум и пэжыпIэр ?
Азэмэт - Дыгулыбгъуэй 

Уэлэхи Азэмэт дэ ди зэманым щыIа тхыдэ тхылъхэм зэритымрэ дэ Дызэрагъэджамрэ уэплъмэ хамэ къэрал Адыгэ щымыIэ сикъуэшыжь.Уэ ущыуэу пIэрэ.
Сэ къызэрсщыхъумкIэ ахэр адыгэ мамлюкхэм къащIэхъуа щIэблэ къыщIэкIынщ,е перестройкэ нэужьым сату ящIыну кIуэу абы къэнэжахэу къыщIэкIынщ. Сэламышшхуэ узох азэмэт иджыри умыщIэхэм къыщIэупщIэ,къысхуэтхэ къуэш.
************
Здравствуйте лыхужь
Сэ зы вопроси сиIэкъым ауэ зы лъэIу пхузиIэщ если можно.
Сэ зы къхуэ сиIэщ 35 лет и ныбжьу, ауэ абы и пхъу цIыкIум ( и цIэр камиллещ ) зы Адыгэбзэ ищIэркъым. Подалуста лыхужь ди молодежым захуэгъазэи яжэIэ бзэм хуэсакъыну,бзэр яхъумэну,зрагъэщIэну.
У мэня 60 лет, сыхуещ сэ си быными абы я бынхэми тIэкIу къыздэплъеуэ къаIурылъэлъу адыгски язык ящIэну армырамэ докIуэдыр,если они нэ знаю хэт мы бзэр зыхъумэнур?
Вячэслав – Город Нальчык
 

Уэлэхи ди нэхъыжьыфI пэжым жыфIахэр, фи адыгэбзэ къабзэмкIэ къысхуэфтха тхьэусыхэм сыкъыщеджэм си гур къызэфIэнащ,ауэ сэ си цIэр пхэнджу къывжаIащ ипэ ар зэхэдгъэкIынщ. Аращи сэ си цIэр ЛIыхъужьщ вячэлав, лыхужькъым.ЕтIуанэрауэ а уи къуэри тхьэм куэдрэ пхуигъэпсэу ауэ ари щыуагъэкIэ кхъуэ жыпIэри къэптхащ. Абы нэмыщ си нэ къыфIэнэ хэмыту Адыгэбзэ къабзэкIэ къызгурыбгъэIуам  узыхуер.Уи лъэIур Iэпэ дэгъэлэл сымыщIу занщIу захуэзгъэзэнущ ди ныбжьыщIэхэми  фIыуэ сахэшхыдэхьынуш умыгузавэ.
 
************
КхъыIэ лIыхъуж уэр нэмыщI сызэупщIын сиIэкъым сэ си проблемэр IэщIыб умыщIу къысхуэтхыж. Сэ анзорей сыщыщщ, мы ди нащэ хэсэгъуэм и зэманыр блокI, ауэ дэ идыри арендэу щIы къыдатакъым, сыту пIэрэ абы и щхьэусыгъуэр ?
ДыгъэцIыкIу – Анзорей.

ДыгъэцIыкIу, уэ тIэкIу укъыкIэрыхуауэ си гугъэщ нащэ хэсэгъуэм,жылэм къыхачыжри банкIэхэм иралъхьэжащ тIэсэ. Ауэ сэ ара пэтми Iуэху сщIыри уи упщIэм пэджэж къэзтыфынухэм захуэзгъэзащ. КъызэрызжаIам хуэду ныбжызоэIжри пцIы хэтмэ а фи къуажэ малхъэм и пщэ дэлъщ гуэныхьыр.
Абы зэржиIэмкIэ мы илъэсым уэ къыуатын щIы къэнакъым,ауэ быддэу псалъэ къызитащ етIэнэгъэ къэнжал бжьэпэм иде уэ щIыхуэ къыщыуитыну икIи гъэ къэс уэлэжьыфын хуэду хуитыныгъэ тхылъи къыуитыну.Мэгъэм уи дзэ зытекъузэ тIэсэ,тхьэм жиIэмэ етIэнэгъэ илъэситым и ахъшэр зэу къэблэжьыжынщ. ИтIанэ а фи къуажэ малъхэр зэ тIо къытыригъазэурэ щIэупщIащ “ахъшэ иIэ” жиIэурэ сщIэркъым и щхьэусыгъуэр ауэ къыбдэIэпыкъуну къыщIэкIынщ ахъшэкIи,мыхъумэ сыт ар щIыщIэупщIэнур.

Мы тхьэмахуэкIэ мыращ.къэкIуэ тхьэмахуэм къыпытщэнщ тхьэм жиIэмэ.Иджы сэри псэуми зы лъэIу фхузиIэщ :дэтхэнэ зыми зы Адыгэ сабий псэлъэщIитI ивогъащIэри ари сэ къысхувотхыж. Узыншэу фыкъани фи напэ,фи бзэ,фи гугъэ иииииииииииииииии фи цIыхугъэ фымыгъэулъийуэ фыпсэу.....ЛIыхъужь.

 

Джэдыгу зыщыгъ къущхьэ.
Зы къущхьэ Къэбэрдейм нэхъ щIыналъэ тхъэгъуэ щымыIэу зэхихат. Абы нэужькIэ куэдыщэ мыщIэу зы IуэхукIэ Къэбэрдейм кIуэн щыхъум и джэдыгур зыщитIагъэри къежьащ. Къэбэрдейм къызэрысу зы уэшхышхуэ къыхуежьащ, и джэдыгури игъэуцIынри, щIым здилъэфу кIыхь хъуащ. «Плъагъуркъэ, - жиIащ къущхьэм игукIэ, - Къэбэрдейр зэрыщIыналъэ тхъэгъуэр япэми зэхэсхат, арщхьэкIэ иджы си нэкIи слъагъуащ: мыр мыщIыналъэ тхъэгъуэтэм, мыбы сыкъызэрысу си джэдыгур мыпщIондизу кIыхь хъунт?» - ИужькIэ абы деж дыдэм тIысри и джэдыгум хэхъуа псор къыпиупщIри игъэтIылъащ, итIанэ пыIэ иригъэщIыну. ЕтIуанэ махуэм къыщигъэзэжам щыгъуэ дыгъэ гуащIэм и джэдыгур зэригъалъэри, лъэгуажьэми къэмысыж хъуащ. «Еплъ, - жиIащ аргуэру къущхьэм, - щIыналъэ тхъэгъуэр къызэрызэзнэкIыу, нэщхъеягъуэми сызэрыIууа: дыгъуасэ кIыхь хъуа си джэдыгур нобэ си лъэгуажьэм къэсыжыркъым, пыIапхъэу къыпызупщIар аргуэру пыздэжын хъуащ».

Щхьэм имылъмэ, бзэм и мыгъуэщ Зи акъылым щыщIэныгъэ зиIэ гуэр сымаджэм щIэупщIэну кIуащ. Зы тэлайрэ бгъэдэсауэ къыщыщIэкIыжым сымаджэр зейхэм захуигъазэри зигъэгубзыгъэу мыр жиIащ: «Кхъыэ япэрейм хуэдэу къыдэвмыщIэ хъуххэнумэ! Япэм фиIа сымаджэр лIэри цырхъ зэхэдмыхыу щIэфлъхьэри фежьэжащ. Iиман фиIэмэ, мыр лIэмэ хъыбарыншэ дывмыщI; нэмэз тIэкIу тетщIэжынщ зи унагъуэрэ!».

ЩыщIалэм губзыгъэ Зы пщы, щIалэ дыдэу, псоми гъэщIэгъуэн ящыхъуу губзыгъэт. Зы махуэ мы пщы щIалэмрэ зы лъыжьрэ зы пэкIу щызэIущIахэщ. ЛIыжьым пщы щIалэм и гугъу къигъэхейри «щIалэ джыщIэу губзыгъащэр, ин щыхъукIэ делэ хъу хабзэщ», - жиIащ. Ар щIалэм зэхихри: «АтIэ уэ ущыщIалэм щыгъуэ куэду «угубзыгъа» хъунщ, - жриIащ лIыжьым.

Нысэ щэчыгъей Унагъуэм нысэ нэхъыщIэ къашат.Гуащэр цIыху щабэ,гуакIуэу щытт къэйгъэ лей зэримыхьэу.Езым лей къытехьэми,лей къезыхам зыгуэркIэ игу еуэжыну хузэфIэкIынутэкъым.Я нысэ нэхъыщIэр хуэмыхут егъэлеяуэ. Шыджагъуэм къэтэджт, шхэти аргуэру шыджагъуэ жей ищIыну лэгъунэм щIыхьэжырт. Нысэ нэхъыжьыр псэм хуэдэт, гуащэми фIы дыдэу илъагъурт, ауэ а зым псори и пщэм дэлъти, гуащэм фIэгуэныхь хъурт. Зы махуэ гуэрым гуащэм мурад ещI, дауэ мыхъуми нысэ нэхъыщIэм и напэм хуеджэну, игъэукIытэну. Лэгъунэм и щхьэгъубжэ лъабжьэм гуащэм щIоувэри жеIэр:
- А-на, сытуи пщIантIэ фIей дыдэ мыр, дэнэ щыIэу пIэрэ ди пщIантIэ жыхапхъэр? СыпхъэнкIынт мы тIэкIур.
- Ар дауэ, нанэ? Сыт "сыпхъэнкIынт" жыхуэпIэр? Сэ сыдэсу, ар уэ уэзгъащIэу? - жиIащ нысэ нэхъыжьым.
- Алыхь, уэ пщIэныр езым уи щхьэм фIокIым, сэ зыгуэркIэ сэбэп сыхъу хъунукъэ?
Арати зэдауэ абдеж къэхъеящ. Куэдрэ зэдэуа, мащIэрэ зэдэуа, сытми я нысэ нэхъыщIэм щхьэгъубжэр къызэIуихри жиIащ:
- Кхъа, фызэмыдауэу гъуэрыгъуэу фыпхъэнкI....

НысащIэм и губжь Нысэм жьыщIыгъэ фIидзэу здэщытым и гуащэр плъэри жиIащ:
- Уа, зи гъащIэр кIыхь хъун, иджы щыIэ нысащIэхэм я жьыщIыгъэр зэгъэлъауэ фIадзэр, дахэкIейр и махуэу. Уэ тIэкIу нэхъ зэбгъэлъам нэхъ дахэ мыхъуну пIэрэт?
Нысэр унэм щIыхьэжщ, жьыщIыгъэ зэрылъ фалъэр къищтэри и гуащэм и пащхьэм щригъэувэхащ:
- Мэ, нанэ, ухуейм "гармошкэу", ухуейм "пианинэу" уи жьыщIыгъэр фIэдзэ....