Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ДИ ЛИТЕРАТУРЭМ И ПСЫПЭР ДЭНДЕЖ КЪЫЩЕЖЬЭР?
Нало Заур

CC-Literature and History Department

.

Мы псалъэмакъыр жыжьэIуэ къыщыщIэздзами фигу къызэвмыгъабгъэ. Ди Урыхужь дэнэ къыщежьэрэ? Къуршым къыщIэжын щхьэкIэ, теуэгъуэ дапщэ къызэпичрэ? Сытым деж псыхъуэу зыщиузэщIыр? ХуэгъэфащэкIэ Iэджэ жыпIэфынущ, ауэ тхьэ щыпIуэжын хуэдэу хьэкъыр къыпхуэгъуэтынукъым.Сэри абы и жэуап схуетыну фыкъэзгъэгугъэркъым, ауэ псыхъуэм и къэхъукIэ,

.

и зыужьыкIэм сэ куэд щIауэ изогъэщхь литературэм, е ди нэхъыжьыжьхэм зэрыжаIэу щытам хуэдэу жыпIэмэ, Iэдэбиятым и къэхъукIэ-зыузэщIыкIэр, а дэ дызыщыгъуазэ тIэкIур къапщтэмэ. Согупсыс куэдрэ: Iэдэбиятыр (литературэр) япэ щIыкIэ мэкъамэу къежьэрэ е уэрэду къэунэхурэ? Е псысэу, е псалъэжьу, е хъыбарыжьу къэщIрэ? Шэч хэмылъу, абы, Урыхужь ещхьу, къежьэкIэ гуэр иIэщи, къежьа нэужь, литературэ хъун щхьэкIэ, хьэлыщIэ гуэрхэр, къаруущIэ гуэрхэр, и кIэщIыращи, щытыкIэщIэрэ мыхьэнэщIэрэ къищтэурэ зеузэщI.

ЩiэныгъэлI Iэджэм къаIэт а Iуэхур, къыщаIэткIи псом япэу зытрагъэчыныхьыр ар тхэным зэрепхаращ. ЛатыныбзэкIэ literatura жиIэмэ, «
тхыгъэ» къокI. Апухэдэу щыхъум деж, физикэри, математикэри, историери, къинэмыщIхэри литературэщ. Шэч хэмылъу, тха псори литературэщ. Ауэ иужькIэ, жылагъуей псэукIэр, цIыхупсэр, цIыху зэхэтыкIэр купщIэ зыхуэхъуа тхыгъэхэр адрейхэм къыхощхьэхукIри, «Iыхьлыуэ» зэроубыд, европейхэмрэ урысхэмрэ «художественнэ литературэкIэ», хьэрып культурэм и жьауэм щIэтхэр IэдэбияткIэ еджэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ а къэхъугъэм фIэтщын псалъэ иджыри къэдгъуэтакъыми, мо урысей терминыр къыдогъэсэбэп десауэ. Ауэ литературэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ ныбжьышхуэ иIэу икIи литературэм бгъурыту къыдэгъуэгурыкIуэу нэгъуэщI усагъэ хьэлэмэти щыIэщ, ГукIэ яусрэ гукIэ зэрахьэу – дэ а усагъэм дызэреджэр адыгэ псалъэ къабзэ IуэрыIуатэщ, европейхэмрэ урысхэмрэ абы фIащIар иджылыз термин фольклорщ, «цIыхубей Iущыгъэ, цIыхубей щIэныгъэ» къикIыу. Дэ, адыгэм а терминитIри синониму дагъэлажьэ.

Сэ шэч къытесхьэркъым литературэр IуэрыIуатэм къызэрытепщIыкIам: аитIур зэадэ-зэкъуэм хуэдэщ, икIи зэмыщхьу. Адэбиятымрэ фольклорымрэ зэбгъапщэмэ, занщIэу гу лъыботэ а тIур я пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм зэрыщызэтехуэм: я тематикэм дежи, я жанр зыбжанэхэм дежи, я усэбзэм (фабулэм, гъэпсыкIэм, тропхэм) дежи. ГъащIэ къэгъэлъэгъуэкIэм дежи куэдрэ зэщхьу къызэрыщIэкIым. Пэсэрей литературэхэм я тхыдэм уриплъэмэ, уи фIэщ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым мы дызытепсэлъыхьыр.
А культуритIыр щIызэдгъэпщэн нэгъуэщI щхьэусыгъуи диIэщ дэ, Iуэхум и тхыдэ мыхьэнэм ухуишэу.

Адыгэ литературэр, нэхъ убгъуауэ къэдывгъащти, тхыбзэщIэ Iэдэбиятхэр къызэрыхъуар дауэ: зыужьыныгъэшхуэ зыгъуэта литературэхэм щапхъэ къытрахыурэ («зыпащIыжурэ») къежьэу зэфIэува хьэмэрэ лъэпкъым и IуэрыIуатэм зиузэщIурэ зэпэща? Ярэбий, а упщIэр жэуап закъуэкIэ пхуэгъэнаIуэн? Къылышбий Исмэхьил, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Нало Жэнсэхъу, Къуэжей Сосрыкъуэ, Махъсидэ Залымхъан, Пщынокъуэ Абдул… сымэ урысей, европей Iэдэбиятхэм я гъэсэну къызэрежьам шэч къытехьэгъуейщ. Ауэ ЦIагъуэ Нурий, Дым Iэдэм, Куп Исмел-хьэжы, КIыщокъуэ Пщымахуэ, ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан… сымэ я усэкIэр европей, урысей литературэхэм я гъэсэну щытауэ жыIэгъуейщ: сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, ахэр зыдэплъейуэ щытар хьэрып, тырку Iэдэбиятхэращ. Дауи, адыгэ литературэр зытуевар ЩоджэнцIыкIу Алий, КIэрашэ Тембот, КIыщокъуэ Алим, Еутых Асчэр… сымэ хаша лъагъуэращ. Ди Iэдэбиятыр ноби урысей литературэм и шыщIэщ. Ар пэжщ, ауэ пэжыр абдеж щиухыркъым. Шэч хэлъкъым, литературэ зэфIэувар культурэ бейхэм хьэщIэгъуакIуи яхуокIуэ, лъэпкъ IуэрыIуатэми йоуэкъулэ, ауэ сэ иджыпсту зи гугъу сщIынур нэгъуэщIщ, IуэрыIуатэм литературэ къызэрыхэхъукIым и Iуэхущ.
Адыгэ (шэрджэсей, адыгей, къэбэрдей) литературэр октябрей революцэшхуэм и Iэужьщ жаIэурэ, дэри ар жыдагъэIэурэ дырагъэсащи, Iуэхум нэгъуэщIу уеплъ мыхъун хуэдэу, хьэкъри абдеж щиух хуэдэу къытфIощI: узэсэ сэгъейщ. IуэхуеплъыкIэм я нэхъ тэмэму дигугъэу щытари, жьы хъуа, игъуэр икIа нэужь – IуэхуеплъыкIэщIэ къэунэхуа нэужь, тIорысэ хъуар нэщыпхъуэ хуэдэу къыщIедзыж, пэжри уимыгъэлъагъурэ япэкIи уимыгъаплъэу. Нобэрей махуэр нэщыпхъуэри щызыIуахыж, лъахъэри щызырахыж лъэхъэнэ хуэдэщи, ар щыпкъэу щытмэ, дэри ди культурей тхыдэм еплъыкIэщIэ къыхуэдывгъэлъыхъуэ, дыгъуасэ ягъэIуу щыта пэжри имыгъэпцIу, нобэ къэдгъуэта IуэхуеплъыкIэми дыщIимыхьэу. Пэжыр тепщэ ирехъу.

Сэ сигу илъкъым, Iэджэм зэращIым ещхьу, Октябрей революцэм къытхуихьа хэхъуэри, къыдита хэщIри, ди гупсысэр зэрилъэхъари збзыщIыну е згъэмащIэну. Тхыдэм жылагъуэр щIыхуейр къиузэщIын, имыгъэгъуэщэн, набгъэ имыгъэхъун щхьэкIэщ, дыгъуасэ къагъуэта фIыгъуэмкIэ нобэр ирагъэбагъуэн щхьэкIэщ. Абы ипIэкIэ, ипэрей псэукIэр, пасэрей культурэр зэблэпшмэ, узэрыгъуэщэн Iэмал къэбулъэпхъэщу аращ; абы ипIэкIэ, ипэрейм къилэжьа фIыгъуэр бгъэпудмэ, ебудыхмэ е убзыщIмэ, тхьэмыщкIэ зыпщIу, уеблэмэ узэдыгъуэжу аращ. Адыгэр даIимауэ дыкъыщIыкIэрыхум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм язщ ар: ди адэжьхэм тхыгъэ, Iущыгъэ, лIыгъэ, IэщIагъэ дахэ къащIэнамэ, абы е дрошынэ, е ар къыдохьэлъэкI, е и мыхьэнэр къыдгурымыIуэу догъэкIуэдыж; дзэху бжэмышх, гъущI фалъэ къежьащ жыдоIэри, ди адэжьхэм я IэщIагъэ къупщхьэ бжэмышххэмрэ пхъэ шынакъхэмрэ догъэсыж: Iэлыхьалыхь, псэукIэщIэ къагупсысащ, жыдоIэри, европей дунеяплъэхэр къэзыгъэуIэбжьу щыта ди хабзэ телъыджэр догъэпудыж… Ди фащэр щэ? Щолэхъужьыр щэ? Адыгэ лIыгъэр щэ?..

И кIэщIыращи, культурэр ерыскъым пащIащ. Культурэм къыгуэпх мыхъу Iыхьэшхуэщ мифологиери, хабзэри, динри, лажьэкIэри. Чыржыным и къэлэжьыкIэри культурэм хэбжащ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым щызекIуэ лъым ещхьу, культурэри лъэпкъым гъащIэ езыт псэщ. Ар пэжмэ, тхыдэр лъынтхуэщ, лъэпкъым, жылагъуэм я Iэпкълъэпкъри, я псэри культурэкIэ зыгъэнщI лъынтхуэщ.
(

Фи тхыдэр Октябрышхуэм деж къыщыщIэвмыдзэу ддэнукъым жиIэу, дэ Москва лъэгуажьэмыщхьу зэикI дигъэувакъым. Пасэрей культурэмрэ тхыдэмрэ гъэпудыныр зи IэрыкIыр Мэзкуум и пэгъупадэ ди тепщэхэрат, Къалмыкъ БетIал и деж къыщыщIэдзауэ. Iэсэтинми къэзахъми зыри ящыхьакъым: Коста Хетагуровыр фогъэлъапIэ е Абай Кунабаевыр къыдывохыж жаIэу. Дэри зыгуэр къытщыхьэнтэкъым Агънокъуэ Лашэ къыдывохыж е ПащIэ Бэчмырзэрэ Теувэж Цыгъурэ коммунисту тхузэвгъэдзэкIыркъым жиIэу, дэ ди лъэпкъыщхьэм пщIэ хуэтщIыжыфу щытамэ.

АрщхьэкIэ къызэрыщIидзаращ: адыгэ жылагъуэр зэрыпсэуа ипэрей тхыдэри, динри, хабзэри гуащIэрыпсэухэр зыхуэмей гъэпщылIакIуэ Iэужьу, уеблэмэ пшыналъэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ феодал эпосу. Бэчмырзи Лаши пщыжь-уэркъыжь усакIуэу… Нэгумэ Шорэ къыщаIэтыжар Хэку зауэшхуэм ипэ илъэситIыращ. Адрей узэщIакIуэхэм табур нэхъыбэжрэ ятелъащ: я гугъу къэпIэтмэ, «идеализировать» уощI жаIэрэ, Iэхъуамбэ кIыхьыр къыпхуагъэдэлъэу. А табур ерагъкIэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и хыщI гъэхэращ къыщагъэтIэсхъар, Г. Ф. Турчаниновымрэ Хьэщхъуэжь Р. Хъ. я жэрдэмкIэ. Адыгейм а тематикэр къыщыдахыжар дыгъуасэ хуэдэщ. КъэрдэнгъущI Зрамыку нэмыщIамэ, Агънокъуэм и усагъэхэр институт архивым гъуатэу иджыри хэлъынкIэ хъунт, дунейм къытемыхьэрэ цIыхум зэхамыхыу.

Нобэ пэжыр къэтлъыхъуэжынумэ, Алыхьым и фIыщIэкIэ, зыми и Iэхъуамбэ кIыхь къытхуигъэдалъэркъым, дэ дызэрыIэнкуным, дызэрытаучэлыншэм, дызэрыщхьэхынэм дилъахъэж мыхъумэ. Хьэмэрэ дыкъэмышыжу чыху дыхъупауэ пIэрэ?
Нобэрей ди псалъэмакъыр, дауи, теорием етшэлIэн хуейщ, тхуешалIэ закъуэмэ.

Дэ адыгэ Iэдэбиятым и тхыдэм дыхэIэбэну, абы и купщIэм щыщ къэтIэтыну мурад щытщIакIэ, псом япэу, абы и къежьапIэр (и псыпэ къыщIэжыпIэр!) Iэмал зэриIэкIэ дгъэбелджылыпхъэщ.
Адыгэр лъапсэкIэ зэкIуэлIэжу жыхуаIэ хьэтухэм(1) я культурэм дыIэбэнкъым – дэ дызэрымыхьэтуужрэ куэдыIуэ щIащ. Адыгэр адыгэ дыхъуа нэужь – ар мо лIэщIыгъуэращ жысIэу къысхуэгъэнаIуэнукъым(2) - тхыгъэ зэрыдиIам и лъэужьу къытфIощI «тхэн», «тхыгъэ», «тхылъ» псалъэхэр; ахэр ныбжьышхуэ зиIэ псалъэщ, ауэ, а тхыбзэ жыжьэм и хэкI къыкъуэмыкIауэ, ари псалъапIэ пщIы хъуркъым. МыдэкIи ди лъэпкъэгъу тхакIуэ зыбжанэ щыIэщ адыгэ Iуэхум тегузэвыхьу, ауэ я гупсысэхэр, я гурылъхэр хамэбзэкIэ къаIуатэу щытауэ – хэт урысыбзэкIэ (Мысост Александр, Къаз-Джэрий, Кърым-Джэрий, адыгэ тематикэм дихьэхыу лажьа абазэ тхакIуэ КIэш Адэлджэрий, адрейхэри), хэт тыркубзэкIэ (Мэтыкъуэ Иззэт-пащар, Хъунжхэ япхъу Хъайрие, тыркуей Толстой зыхужаIэ Мидхьэт Ахъмэт, нэгъуэщIхэри), хэти хьэрыпыбзэкIэ (усакIуэ ХьэтIанэ Ахьэмэд, тхыдэдж Мэрэмыкъуэ Нухь сымэ(3), къинэмыщIхэри), итIани мы тхакIуэ щхьэпэхэм я Iуэхухури ди гупсысэм къыхэхуэми зэзэмыззэхэщ къызэрыхэхуэнур: лъэпкъ литературэр хамэбзэкIэ лажьэ хъуркъым – ар цIыхубэми къагурыIуэркъым, абы лъэпкъ литературэбзэми зригъэузэщIыркъым; дэтхэнэ лъэпкъми и Iэдэбиятыр къызэригъэщIыр и лъэпкъыбзэращ: хамэбзэкIэ тхар литературей тхыдэм и псыпэ къудейщ. А псыпэми хуэфэщэн пщIэ хуэщIыпхъэщ, ауэ ар лъэпкъым и Iэдэбиятщ жыпIэныр щыуагъэщ. Тхыбзэншэ жылагъуэр хамэбзэкIэ къыщыхъей Iэджэрэ къохъу, ауэ жылагъуэр лъэпкъ хъуну хуеймэ, Iэмал имыIэу анэдэлъхубзэм техьэжын хуейщ.

Тхыдэм зыри хэбдз хъуркъым.

Апхуэдэ гупсысэм дыщытеувэм деж дэ къытхуэнэжыр зыщ: анэдэлъхубзэкIэ яуса-ятхахэр зэпкъырытхыу, абы дызыхуашэ IуэхуеплъыкIэр зыгурыдгъэIуэныращ. Мыбдежым псом япэу ди пащхьэм къиувэ упщIэр IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ зэхэгъэщхьэхукIыныращ. Мыр щIэныгъэлI Iэджэм мызэрэ-мытIэу ягъэныщкIуа проблемэщ, щызэгурымыIуэр нэхъыбэу.(4) Мы Iуэхум ущыбгъэдыхьэкIэ, япэ узэуалIэ щытыкIэм девгъэгупсыс. IуэрыIуатэр гукIэ яусрэ гукIэ зэрахьэ лIэужьыгъуэщ, Iэдэбиятыр тхыгъэу къожьэри тхылъу къокIуэкI; IуэрыIуатэр къаIуатэ, литературэм йоджэ. Мыр зэхэгъэкIыпIэ щыпкъэу къыщыхуэмыщтэращ: тхыгъэр и поэтикэрэ зэрызэхэлъхьа IэзагъэмкIэ IуэрыIуатэм ину къыщыкIэрыху къохъу, абы щхьэкIэ Iэдэбият хужаIэныр къамыгъанэу; IуэрыIуатэр а IуэхугъитIымкIи литературэм щефIэкI урохьэлIэ, абы щхьэкIэ Iэдэбиятым хагъэувэн ирамыкуу. Абы щыхьэт темыхъуэу пIэрэ Агънокъуэм и усэ Iэджэр? Псалъэм щхьэкIэ абы нэпсым хужиIэгъар:
… тIум я нэпсри шыугъэщ,
умынабгъэу уеплъмэ – къабзэщ,
Мо бзийхэм зэщхьу полыд,
Дыгъэ къеIэкIэ гъущыркъым,
Тенджызым хэткIуэкIи хэгъуащэркъым.
(5)
Псалъэжьхэр къащтэ: хэт и усакIуэшхуэ абыхэм ящхьэпрыкIынур? Псысэхэр, хъыбарыжьхэр, псысэжьейхэр, эпосхэр… зыщхьэпырыкI литературей тхыгъэхэр гъунэжщ, псом хуэмыдэжу Iэдэбият къежьагъащIэм щебгъапщэкIэ.

1980 гъ. Москва къыщыдэкIа «Советский энциклопедический словарым» фольклор терминым (дэ IуэрыIуатэкIэ дызэджэм) и мыхьэнэр мыпхуэдэу къеIуатэ: фольклорыр «цIыхубэм я усагъэщ, цIыхубэм къагъэщIу цIыхухэм я нэхъыбэм (гукIэ) зэрахьэу усагъэщ» («народное творчество, искусство, создаваемое народом и бытующее в широких народных массах»)(6). Сэ мы формулэм упщIищ хузиIэщ, хуит сыкъэфщIмэ: 1) «цIыхубэм къагъэщI усагъэм» къикIрэ усагъэм и къэгъэщIыным цIыхубэ (народ) псор хэлэжьыхьу? 2) закъуэм иуса уэрэдыр, усэр, псысэр, къинэмыщIхэр фольклорым хэмыхьэу ара? 3) IуэрыIуатэр гукIэ яусрэ гукIэ зэрахьэу (устнэу) зэрыщытыр Iуэхум хэмыхьэу ара? СигугъэмкIэ мы формулэм аразы укъищIыркъым. IуэрыIуатэр зыус цIыхубэм (народым) пщымрэ уэркъымрэ (аристократхэр) хэхьэркъэ? Гуащэмахуэ, Хъымсад, Гуащэгъагъ сымэ, адрей къому ноби зи уэрэд жаIэхэр дэнэ тхьыну? Академик Ю. М. Соколов фольклорыр зэригъэбелджылыри энциклопедием и формулэм пэгъунэгъу дыдэщ: «Фольклор жыхуаIэр къызэрыдгурыIуэн хуейр цIыхубэм я нэхъыбэм гукIэ (устное) къагъэщIа усагъэщ» («Под фольклором следует разуметь устное поэтическое творчество широких народных масс»)(7), - жи. Мыбдежми гъэтэмэма щыхъу си гугъэркъым: «ЦIыхубэм я нэхъыбэм къагъэщIа усагъэр» (творчествэр) щыжиIэкIэ къикIын хуейр сыт? ЦIыхубэм я нэхъыбэр зы уэрэдымкIэ е зы псысэмкIэ зэавторэгъуу ара, закъуэм и усагъэр хьэмыхьэу? Зи бын зауэм хэкIуэда анэм и гуIэгъуэр, е лъагъуныгъэм хьэщыкъ ищIа хъыджэбзым, е лIы жагъуэм ирата нысащIэм яуса уэрэдхэр, я гуауэ-гурыгъухэр зэраIуатэ усагъэхэр, гъыбзэхэр IуэрыIуатэм хэдбжэн щхьэкIэ зэманыфI дыпэплъэн хуей е хэдмыгъэхьэнрэ? Дауэ зэрыщытыр? ИтIанэ: аристократиер IуэрыIуатэм и субъектхэм хэддзу, литературэм къыхуэдгъэнэну? В. Е. Гусевым мы терминым къикIыр щигъэбелджылыкIэ, ныбзитI къыхеубыдыкI: «Фольклорым дэ хыдолъагъуэ лъэныкъуитI – усагъэм и жылагъуей къежьапIэр (цIыхубэм къагъэщIа усагъэ), ар адрейхэм яхуэмыдэ зыщI щытыкIэр (зэдэузэщIа гупым я усагъэу зэрыщытыр)» («Здесь учитывается как бы две координаты – социальная природа явления (творчество народных масс) и его качественная специфика (коллективное художественное творчество)».(8) «Коллективное творчеством» къихын хуей зы уэрэдыр, е зы псысэр, е зы псалъэжьыр зэдэузэщIа цIыху гупым зэдэхуежьэрэ яусу? Апхуэди къохъу: джэгуакIуибл зы уэрэд яусу: «Къэбэрдей жэщтеуэжьыр» Таукъуэ Лъэпщыкъуэ я тхьэмадэу абы и джэгуакIуиблым яусыгъауэ хъыбарыжьым къеIуатэж.(9) Ауэ уэрэдыр джэгуакIуэ закъуэм, е уэрэдус закъуэм цIыху къызэрыкIуэ закъуэм щызэхалъхьэ Iэджэрэ къохъу. Ауэ мыбдежым «зэдэузэщIа цIыху гупыр» цIыхубэрауэ е лэжьэкIуабэм ящыщ гупышхуэу зыгурыдгъаIуэ хъунукъым: уэрэдус гупыр, дапщэ хъуми, IэщIагъэлIхэщ, нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэр ягъасэурэ, ирагъаджэурэ, IэщIагъэр кърагъэщтауэ. ЩыIэщ щIэныгъэлI литературэр профессионалхэм я IэщIагъэщI, IуэрыIуатэр зи IэщIагъэр мыпрофессионалхэращ, жаIэу. Егупсысакъым зиусхьэнхэр, ахъумэ джэгуакIуэхэри, литераторхэм ещхьу, зэрыпрофессионалыр, усэныр, уэрэд жыIэныр, пшынэ еуэныр ахэр зэрылажьэ-зэрыпсэу IэщIагъэу зэрыщытыр, мохэри (поэтхэр) мыхэри (джэгуакIуэхэр) я IэщIагъэм и хабзэм, я усагъэм и поэтикэм ткIийуэ зэриIыгъыр къагурыIуэнт.

Сигугъэкъым IуэрыIуатэм и къэхъукIэм ущытепсэлъыхькIэ, «гуащIэрыпсэум я нэхъыбэм», «зэдэузэщIа цIыху гупым» я усагъэм тепкъузэу, закъуэм и гуауэр, и гурыгъур, и гуфIэгъуэр, и Iущагъэр уэрэдкIэ, усэкIэ, псысэкIэ, хъыбаркIэ, псалъэжькIэ зэригъэIур Iуэхум хэбдзыныр пэжым хуэзышэ бгъэдыхьэкIэу. Ещхьыркъабзэу сфIэкъабылкъым IуэрыIуатэр гуащIэрыпсэум ептрэ усагъэ телъыджэ къэзыгъэщIыф гуащэр, пщы щауэр, уэркъ щIалэр пебгъэхыныр. ФщIэжрэ Мухбэмэд-Iэшэ теухуауэ Н. Дубровиным жиIэгъар: «Шууей телъыджэхэми зраусыгъуэджэртэкъым рифмэмрэ пшынэмрэ. Нэхъ бэгъэтыр лъэщу Псыжь щIыб дэса Мухьэмэд-Iэшэ уэрэдус хьэлэмэтыщэу щытащ» («Замечательнейшие наездники не пренебрегали рифмою и пшиннером. Магомет-Аш, один из первых богатырей за Кубанью, был отличнейшим импровизатором»). УсакIуэ цIэрыIуэхэу щытащ уэркъхэу Выкхъэ Шухьиб, Джэнчатэ Къуийнэщ, Абазэ Къамбот, Сыжажэ Къылшыкъу, зыми хуэмыдэж Агънокъуэ Лашэ… Сэ къызгуроIуэ закъуэр (гупри!) щыусакIэ IуэрыIуатэ бейм и фIыгъуэхэр къызэрагъэсэбэпыр, уеблэмэ хамэ макъамэ уэрэдым щыщIалъхьэ къызэрыхъур, усагъэр цIыхубэм ирахьэжьа нэужь, и авторым щIэмыупщIэжу, текстми мэкъамэми хэIэбэнкIэ зэрыхъур, усагъэр псэуху, абы уэрэдгъэIухэм халъхьэ-хахыу щырагъэфIакIуи, щызэIагъэхьи къэхъуу зэрекIуэкIыр. ИтIани щхьэ закъуэм и гурыщIэ, и гупсысэ гуащIэхэр усагъэм купщIэ хуищIу дунейм зэрытрихьэр узэбакъуэ мыхъун культурей мылъкущ.

Мис мыбдежым къыщотэдж дэ етшэжьэн дигугъэ гупсысэр.
Адыгэм уэрэд зэщымыщ якуэдщ. Абыхэм я нэхъыжьыр дэуэдапщэ уэрэдхэращ, зы хьэгъуэлIыгъуи, зы махуэшхуи, зы гуфIэгъуэ зэхуэси бламыгъэкIыу жаIэу, уэрэдгъэIум къыхидзэрэ зэхэсхэр ежьууэ, пшынэхэри дагъэбзэрабзэу. Апхуэдизу фIыуэ ялъагъу, ягъэлъапIэ уэрэдхэр зыусар, зи гурыкIыр хэту пIэрэ? – жаIэу цIыху щIэупщIэ хабзэтэкъым. Апхуэдэ дыдэуи лэжьыгъэм пыщIа уэрэдхэри, нарт пшыналъэшхуэхэри зыусар хэту пIэрэт? – жаIэу уэрэдусым и цIэ и щхьэ къалъыхъуэртэкъым. Авторыгъэ мыхьэнэри щыIэтэкъым, уэрэдус IэщIагъэри IэщIагъэ щыпкъэу зэфIэуватэкъым. Уэрэдыр Тхьэм къахуигъэщIа хуэдэут къазэрыщыхъур. Ауэ гъащIэр и пIэм иткъым: щымыIахэри къожьэ, зэсахэри яIэпохуж… Зауэм къыщаукIа лIыхъужьхэм, зекIуэм хэкIуэда шууейхэм, гуузу дунейм ехыжа лIыфIхэм Iыхьлыхэм гъыбзэ хуаусу, бжэр гъыбзэу ежьэу, лъагъуныгъэ бампIэ зиIэхэм, лIы жагъуэм иратахэм тхьэусыхафэкIэ я гуауэр ягъэпщэхыу ирагъажьэ, апхуэдэ усагъэхэр нэхъ Iэзэу зэхэзылъхьэн уэрэдус къалъыхъуэу хуожьэ, хуом-хуомурэ ари IэщIагъэ мэхъу, гъукIэм, фащIэм, дыщэкIым ещхьу. Япэм уэрэдыр зыхуауса лIыхъужьхэм и цIэкIэ зекIуэу щытамэ, иужькIэ уэрэдусми щIэупщIэу ирагъажьэ. АрщхьэкIэ тхыгъэ здэщымыIэм авторыгъэр уэрэдусым быдэу епха щыхъуркъым, литературэм зэрыщыхабзэм ещхьу. ИтIани Мусэкъей и цIэр джатэ лIэужьыгъуэм, Ержыбым и цIэр фоч лъэпкъыгъуэм, Дзыгъуанэхэ я унэцIэр гъубжэм и фIагъэм зэрыпыщIам хуэдэу, джэгуакIуэ, уэрэдус Iэджэхэм я цIэхэм епхащ уэрэдыжь зыбжанэ.

Авторыгъэм ныбзищ иIэу хузогъэфащэ: япэрауэ уэрэдыр (е усэр) зэхэзылъхьар цIыхум япхъуатэу щырахьэжьэр, е зэманыфIкIэ щащымыгъупщэр – зы: ар къыгуэхыпIэ имыIэу авторыгъэм щыщщ: уэрэдыр цIыхум пщIэкIэ ебгъэус зэрыхъур хабзэу йожьэ. Абы къокI уэрэдусым и гуащIэу зэрыщытыр жылагъуэм ящтауэ. Уэрэдусу, джэгуакIуэ-усакIуэу Iэджэм я цIэхэр, я усагъэхэр, я хъыбархэр Iэджэм я гум илъщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщу дэ къэдгъуэтыжар икъукIэ мащIэщ, уэрэд цIэрыIуэу дунейм къытенам я бжыгъэм еплъытмэ(10): Таукъуэ Лъэпщыкъуэ («Къэбэрдей жэщтеуэшхуэм и уэрэдыжьыр» зыусар – XVIII лI), Аулъэ Тхьэищауэ («Къарэкъамыл», «ХьэкIуринэм я уэрэд», «Мэзгуащ», «Цырац» сымэ зи IэдакъэщIэкIыр – XIX лI), Джэнчатэ Къуийнэщ («Пып», нэгъуэщIхэри зэхэзылъхьар – XIX лI), Абазэ къамбот («Пхъэм и пшыналъэр», «Дзыгъуэшхуищым я уэрэдыр», «ГъущI гъуэгум и уэрэдыр», нэгъуэщIхэри зи лэжьыгъэр – XIX лI), Хьэджэбэикъуэ Юсыф («Емзэш и уэрэд, «Пцэтхьэл и къуитIым я уэрэдхэр» зи усагъэр – XIX лI), Хьэмыкуэкъуэ ХьэпIытI («Шынджий быгъум и тхьэусыхэ», «Тхьэмэдэшхуэм и уэрэд», «ТатлIокъу Хъусен», нэгъуэщIхэри зи гуащIэдэкI – XIX лI), Анчокъу Хьэжыбэч («Мэмэт и уэрэд» – XIX лI), Мэсей Исуп (Къущхьэ Жамботрэ Екъубрэ я тхьэусыхафэр» зыгъэпсар – XIX лI), Выкъхэ Шухьиб («КIэтIырэ и уэрэд», «Хьэжэбэжащэм я уэрэд», «ПащIэрывэ щэджащэ» сымэ зи IэдакъэщIэкIыр – XIX лI), Мыжей Сэхьид («Удобнэ джабэр», «Фызышэ уэрэдыр», нэгъуэщIхэри зэхэзылъхьахэр – XIX-ХХ лI), Уэкъо («ИстамбылакIуэ» зи IэрыкIыр – XIX лI), Пщыз Батун («Си Шаш» зи Iэужьыр – XIX-ХХ лI), Сыжажэ Къылъшыкъуэ («Лъостэхъан и уэрэд», «Агъум и къуэ ЦIыкIуэ къуий», «Астемырхэ я уэрэд», «Банашэ кIуахэм я ауан», «Къарэкъатинэ, Бэрэтинагъуэ…», «ПщыукIхэ я гъыбзэр», «Дыгъэр къыщыдатым…» нэгъуэщIхэри зи IэщIагъэр – XIX-ХХ лI), Къэжэр Индрис («ЗэгуакIуэр дахэщ», «Гухэлъ жыдгъэIэ», «ФIылъагъуныгъэ», «ЦIыхубз уэрэд», адыгей уэрэд «Си Рэмэзаныр» къэбэрдеибзэкIэ зэзыдзэкIари, ГъукIэмыхъу Аубэчыр и уэрэд хьэлэмэт «Си къэшэныр» дунейм къытезыхьари а усакIуэращ(11) - ХХ лI)… Бзылъхугъэ Iэджэм я тхьэусыхафэхэр уэрэду зыусыжари езыхэращ: «Хъымсад и тхьэусыхэ», «Гуащэмахуэ и тхьэусыхафэ», «Жансэхъухэ я нысэм и гъыбзэ», «Кулэ и тхьэусыхэ»… Iэджэ мэхъу ахэр.

Дэ я гугъу тщIакъым адыгейм я усакIуэ Теувэж Цыгъу (абы и усагъэхэр Куэстэн Дмитрий, Пэрэныкъу Мурат сымэ ятхыу щытащ, Сулейман Стальскэм ейхэр Капиев Эфендий итхыжу зэрыщытам хуэдэу; и гугъу тщIакъым джэгуакIуэшхуэ, лирик щэджащэ, гушыIэм хуэIэзэ Агънокъуэ Лашэ; гъыбзэусу икIи усакIуэ хьэлэмэту, зи усагъэхэр зи тхыбзэкIэ зытхыжу, зи тхыгъэм я нэхъыбищыр зауэм щыгъуэ мафIэм хисхьа ПащIэ Бэчмырзэ; советхэм я урэдусрэ я уэрэдгъэIуу щыта ХьэхъупащIэ Амырхъан…

ЕтIуанэу, уэрэдыр зытеухуам («героим»), пщIэкIэ езыгъэусам яй къудей мыхъуу, езы уэрэдусым зэрейри, зэриIэужьри къагурыIуэу щытыпхъэщ. Ержыбым е Мэшыкъуэм ящIа фочхэр е Шэрджэс Данил ищIа уанэр, дауи, зыщэхуахэм яй хъурт, ауэ, езы хьэпшып телъыджэхэр зи IэщIагъэм я цIэхэри ящыгъупщэртэкъым, уеблэмэ, фочым ипIэкIэ, цIэ етIуани яхуэхъурт («ержыбыжьыр жыжауэщ»), ауэ усагъэмрэ усакIуэмрэ апхуэдэу зэманышхуэкIэ зэрыIыгъыфыртэкъым. «Андемыркъан и уэрэдыжьыр» джэгуакIиблым зэраусар зыщIэж щыIэ щхьэкIэ, джэгуакIуэхэм я цIэр е джэгуакIуэ тхьэмадэм и цIэр зыми игу къинэжакъым: е уэрэд текстыр ягурохужри, авторыцIэри абы докIуэдыж, е уэрэдусыр ящогъупщэжри, усагъэм изакъуэ дунейм къитонэ. «Къэбэрдей жэщтеуэшхуэм и уэрэдыжьыр» зэрызэхалъхьэрэ илъэс 225-рэщ зэрыхъуар, итIани ар Таукъуэ Лъэпщыкъу зэриIэужьыр зыщIэж щыIэми закъуэ-тIакъуэххэщ. «Хьэтхым и къуэ КIасэм и уэрэдыжьыр» е «Хьэтх Мыхьэмэт и уэрэдыжьыр» ноби цIыхум яIурылъщ, дяпэкIи зэман IэджэкIэ яIурылъыну къыщIэкIынщ, ауэ ахэр зэхэзылъхьахэм я цIэр хэт къриIуэфын? ГъащIэ кIэщIыгъэр IуэрыIуатей авторыгъэм и бийщ. Фочыр щымыIэжыххэ, уеблэмэ зыри хуэмеижыххэ хъуащ, ар зыщIа гъукIэм – Ержыбым, Мэшыкъуэм е Мэстафэм я цIэр лъэпкъым ягурыхуркъым, зэман куэдкIэ я гум илъщ, ауэ уэрэдымрэ уэрэдыр зыхуаусамрэ лъэпкъым я дежкIэ лъапIэрэ лъагэу щымытмэ, ар зыусари езы иусари щIэхыIуэу ящогъупщэж. Авторыгъэр къыщымыушам деж, уэрэдыр жылагъуэм жаIэу, ауэ зыусар ягу къэмыкIыххэу къонэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, урысым «устное народное творчество» псалъафэм хуэфIыпсу йотIысхьэ.

IуэрыIуатэм зиузэщIын щхьэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ авторыгъэр къэушыным.

Ещанэрей ныбзыр усакIуэм и гупсысэ-гурыщIэхэр усагъэм купщIэ хуэхъуныращ.

Апхуэдэ гупсысэ купщIэ зыгъуэту зи гъэпсыкIэр а купщIэм ихъуэжынкIэ хъууэ дэ къэтлъытэр джэгуакIуэхэмрэ уэрэдусхэмрэ пщIэкIэ зэхырагъалъхьэу щыта гъыбзэхэр, лIыхъужь уэрэдхэр, лъагъуныгъэ тхьэусыхафэхэракъым: ахэр дэуэдапщэ хабзэм, езыгъэусхэм къыхах усагъэ лIэужьыгъуэхэм я гъэпсыкIэ къекIуэкIым ткIийуэ яIыгъти, апхуэдизу куууэ захъуэжынкIэ хъуртэкъым. Апхуэдэу тыншу икIи кууэ зызыхъуэжынкIэ хъууэ щытахэр джэгуакIуэхэмрэ уэрэдусхэмрэ къаIурылъэлъу щытар пщIэкIэ ирамыгъэус, жанрым и хабзэ инатым IэщIэмылъ импровизацэхэрат. НэгъуэщIу жыпIэмэ, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къэхъу псэуныгъэ, зэхущытыкIэ Iуэхугъуэхэм теухуауэ, щхьэхуиту зэхалъхьэ усагъэхэрат.

Мисс абы и щапхъэ:

- Уэ Ещрокъуэ, Ещрокъуэ!
Ещрокъуэ Шумахуэ!
Зи махуэр жэщ мыхъу,
Дыгъэмыхъуэ уэтэр,
Уи пхъэр щIыбырыхьщ,
Уи псыр дэхьеигъуэщ…
Лъабэдийуэ фыкъожьэ,
Жьынду хуэдэ фызоплъэ,
Флъагъу-Iамэ зывогъэпщкIу,
КъакIуэ-накIуэм фыщощтэ,
Фызыщыщтэри зы щIалэщ…

Мы усэм тхыдэ контекст щIымыгъумэ, щIызэхалъхьари, зыхуэунэтIари, и гупсысэ купщIэри гурыIуэгъуейщ. ГурыIуэгъуэр усагъэ щIыIум къытещ щIэнэкIалъэращ: уэрэдусыр жылэ цIыхум ямыщхь Ещрокъуэ Шумахуэ щIонакIэ, ауэ Шухьиб и ауаным и щхьэусыгъуэ лъабжьэр усагъэ текстым къыхэхьэркъым. Ауаным и купщIэ дыдэр къэдгъуэтын щхьэкIэ, абы и хъыбар пэжыр дымыщIу хъунукъым: Шэрджэсейм я уэрэдус Iэзэ Выкхъэ Шухьиб – мисс а «ПащIэрывэ щэджащэ» балладэр зыуса Выкхъэ Шухьиб зы махуэ гуэр зы хьэдыгъуэдахэ гу лъетэ: мэзакIуэ щIалэ гуэр мэжэлIати, адыгэм зэрахабзэу, и гъунэгъум ираджэу шэджэгъуашхэ зыдригъэщIыну щыгугъырт. АрщхьэкIэ щIалэм и гъунэгъубзэ Ещрокъуэр, абы емыджэу, и закъуэ тIысри шхащ. Iуэхум гу лъызыта Шухьиб щIалэм йоупщI къэхъуам и пэжыпIэмкIэ. Выкхъэм илъэгъуамрэ щIалэм жиIэжамрэ щызэтехуэм, уэрэдусыр Шумахуэ и уэтэрым бгъэдэхьэри мо уэрэдыр хуиусащ, адыгэ хабзэм зэребакъуам, цIыхугъэ зэрыхэмылъым щхьэкIэ. Ар, дауи, езы уэрэдусми къыгуроIуэж, мэзакIуэ щIалэми къыгуроIуэ, а къэхъуар зылъэгъуахэми е хъыбар пэжыр зэхэзыхахэми къагуроIуэ, ауэ хъыбар контекстым щымыгъуазэхэм къапхъуатэр уэрэд щIыIум телъ ауаныращ.

И кIэщIыращи, апхуэдэ усагъэхэр IыхьитIу зэхэлъщ – уэрэдрэ уэрэдым и тхыдэмрэ: а IыхьитIыр зэгуэпч хъуркъым – тхыдэр щIымыгъумэ, уэрэдыр (усэр) ныкъуэ мэхъу; уэрэдыр щIымыгъумэ, тхыдэм и мыхьэнэр мэкIуэд. Дуней дызытетым и хабзэмкIэ зызымыузэщI щыIэкъым, хъыбаррэ уэрэду зэгуэт усагъэми зеужьри, а зыужьынымкIэ япэ ищыр формэ гъэпса зиIэ уэрэдыращ. Усагъэ зэгуэтыр зэрызэгуэз елъытакIэ, уэрэдым и мэкъамэр къутэурэ, усэр абы къыIэщIокI. Адыгэ уэрэдусхэм уэрэд текстыр мэкъамэ ритмэм ирагъэзагъэн щхьэкIэ, псалъэ нэщI (маржэ, уэрэдэ, уойрэ, рирэ, рирари…), пычыгъуэ нэщI (уой, рау, ра, ай, уей…) Iэджэ къагъэсэбэпу щытахэр нэхъ мащIэ хъуурэ мэкIуэдри, усэ ритмэр псалъэ шыпкъэхэм къахуонэ. А зэхъуэкIыныгъэм усагъэр хуешэ (мэкъамэ ритмэм емыщхьыжу) къабж (декламацэ) ритмэр зэфIэувэным.(12) Апхуэдэ усагъэ хуитым дэ усэ мылъхуэскIэ доджэ.
Усэ мылъхуэсым Iэджэрэ ущыхуозэ Абазэ Къамбот, Агънокъуэ Лашэ, Мыжей Сэхьид, Выкхъэ Шухьиб, Сыжажэ Къылъшыкъуэ сымэ я усагъэхэм. Ар яфIэфIу къагъэсэбэпу щытащ IуэрыIуэдзхэми. Зэхэзылъхьар къыпхуэмыщIэ апхуэдэ усэ мылъхуэс хэзщ Къэбэрдей-Бэлъкъэрми, Адыгейми, Къэрэщей-Шэрджэсми я щIэныгъэхутэ институтхэм я архивым.

Иджыпсту дэ ди къэлэныр усэ мылъхуэсхэр ефIакIуэурэ IуэрыIуатэ усэ тIыгъуам зэрыхуэкIуэр къэдгъэнаIуэнырщ. Уэрэдрэ хъыбар контексту зэгуэт усагъэм ритмэкIэ гъэпса Iыхьэр къызэрыIэщIэкIыр уэрэдусым (джэгуакIуэм) и авторыгъэм зэрызиужьым, зэрызиIэтым, бжьыпэр зэриубыдыфым елъытакIэщ. РитмэкIэ узэщIа Iыхьэр псалъэкIэ гъэпса усэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, ар мэкъамэрэ къафэу екIуэкIыу щыта ижьырей дэуэдапщэхэм щызэфIэуващ. ИужькIэ ар дэуэдапщэм – мэкъамэмрэ къафэмрэ лэжьыгъэмрэ – къаIэщIокI аби, зэпIэзэрыту псэун щIедзэ. Апхуэдэ хуитыныгъэм къегъэпсынщIэ а Iыхьэм и зыузэщIыныгъэр, итIани ижьырей синкретизмэм IэщIэкIыу усэ мылъхуэсым нэсыным зэманышхуэ токIуадэ.

Иджыпсту дэ ди къэлэныр ритмэ узэщIауэ къэунэхуа Iыхьэр усэ мылъхуэсу зэпэща нэужь, ар ефIакIуэурэ, зихъуэжурэ зэрытIыгъуэм, и кIэщIыращи, усэр балигъыпIэ зэриувэм Iэмал зэрыдгъуэткIэ дыкIэлъыплъыну аращ. Апхуэдэ зыIэтыныгъэр, хэхъуэныгъэр шэч хэмылъу епхащ джэгуакIуэм (уэрэдусым) и авторыгъэр зэрыкIуатэм, а авторыгъэр езым къызэрыгурыIуэжым. Сэ сызэрегупсысымкIэ, а зыузэщIыныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ IуэрыIуатэм литературей поэтикэ къыпкъырыувэу щIидзэнымкIэ.

Мы проблемэм теухуауэ псалъэмакъ Iэджэ екIуэкIащ, иджыри йокIуэкI. Iэджэм хуагъэфащэ «автор белджылы зимыIэ» IуэрыIуатэр цIыхубэм я къэгъэщIыныгъэу, ар гукIэ яусрэ гукIэ зэрахьэу бэм, гуащIэрыпсэум я «литературэ торысэ» хуэдэу; уэрэдыр, усэр пщIэкIэ е хьэтыркIэ езыгъэусам е зытраусыхьам яй мыхъумэ,зыусам и Iуэху щIагъуэ хэмылъыжу. НэгъуэщIхэми трагъэчыныхь автор белджылыхэм къагуэпх мыхъу тхыгъэхэр тхыбзэм къыдежьа IэщIагъэу… А гупсыситIри щыхьэту узытеувэ хъун хьэкъкъым. IуэрыIуатей усэм, уэрэдым, уеблэмэ псысэм автор пыухыкIа иIэным зыри хуэIуакъым: джэгуакIуитIым я гупсыкIэхэр, я усэгъэпсыкIэхэр, уеблэмэ, я стилхэр зэпэIэщIэнкIэ мэхъу (зэгъапщэ Агънокъуэмрэ ПащIэмрэ, Сыжажэмрэ Къэжэрымрэ, Таукъуэмрэ Абазэмрэ, Мыжеймрэ Мэсеймрэ…). Тхыбзэм и псыпэмрэ литературэм и псыпэмри зэгъусэу къежьэркъым: литературэр фIыуэ яужь къонэ.
Сыщыуэ-сыщымыуэми, си гугъэщ джэгуакIуэхэм, уэрэдусхэм я авторыгъэр езыхэм къагурыIуэж хъуныр литературей поэтикэм хуэзышэ зыузэщIыныгъэу. Сэ къызощтэ мыбы теухуауэ Iуэхум хэзыщIыкI М. И. Стеблин-Каменскэ мыгъуэм жиIэгъар: «IуэрыIуатэр нэгъуэщI усагъэхэм къазэрыгуэкIыр, дауи, езы авторыр къигъэщIа (усагъэм) зэрыхущытыжыращ, мис а зыми емыщхь къэгъэщIыгъэм фIэпщ хъунущ «зэхамыщIыкIа авторыгъэ» («То, что отличает фольклор от всякой другой словестности – это, конечно, только особое отношение автора к тому, что создает, особый вид творчества, который можно назвать «неосознанным авторством»).(13) Ауэ а «зэхамыщIа авторыгъэр» IуэрыIуатэ псом икIыхьагъкIэ теплъхьэ хъун си гугъэкъым: псалъэм щхьэкIэ, пасэрей дэуэдапщэхэм къыщыхъуа уэрэдхэм ещхьу, джэгуакIуэ кIасэхэм я усэхэр «зэхамыщIыкI авторыгъэм» и Iэужьу сэ къысхуэлъытэнукъым.

Абы нэхъ убгуауэ дытевгъэпсэлъыхь.

Литературэр къызэрыкIыкI жылэр авторыгъэращ, ахъумэ тхыбзэракъым. Тхыбзэр художественнэ литературэ хъункIэ Iэмал иIэкъым тхакIуэр а культурэ лIэужьыгъуэщIэм пэлъэщын хуэдэу и талантым, и акъылым, и Iэзагъэм – кIэщIу жыпIэмэ, и авторыгъэм къимыIэтмэ. ДжэгуакIуэхэм, уэрэдусхэм тхэкIэ ямыщIэми, тхылъ щIэныгъэ ямыIэми, я авторыгъэр зэхащIыкIыжу литературей поэтикэм нэсынкIэ мэхъу, IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ зэпигъэувэу. ДжэгуакIуэ-уэрэдусхэм тхэкIэ-еджэкIэ ямыщIэ пэтми, щIэныгъэншэщ яхужыпIэныр захуэкъым: абыхэм хъарзынэу ящIэрт IуэрыIуатэ усэгъэпсыкIэри, мэкъамэ укъуэдиикIэри, къызыхэкIа лъэпкъым IуэрыIуатэу къырихьэкI и тхыдэр, адыгэ хабзэр, лъэпкъ гъунэгъухэм я бзэр, я IуэрыIуатэр… ДжэгуакIуэм и гупсысэ-гурыщIэхэр, и дунейеплъыкIэр, и Iэзагъэр усэм купсэ, купщIэ хуэхъуа нэужь, абы и IэрыкIыр ятха-ямытхам, къытрадза-къытрамыдзам емылъытауэ, литературей гъунапкъэм тоувэ. Дэ мыбдежым авторыгъэм къыщIидгъэкIыр и авторыцIэр усагъэм е тхыгъэм кIэрыпщIэным, тетхауэ тетыным изакъуэкъым: авторым и IэрыкIыр анониму дунейм къытехьэу псэункIэ мэхъу (псалъэм щхьэкIэ, «Слово о полку Игоревом»), итIани ар литературэм хэбдз хъуркъым, усакIуэм и псэр пкъырытщи…

Усагъэр, тхыгъэр литературэм хуэзышэ авторыгъэм и къежьэкIэ-зыузэщIыкIэр хабзэ гуэрхэм тетщ.

Япэрауэ. Усагъэр, тхыгъэр цIыху гуэрхэм зэрызыхалъхьэр жылагъуэм ялъагъу, къагурыIуэ мэхъури, абы хьэтыркIэ е пщIэкIэ гъыбзэ, уэрэд зэхырагъалъхьэу щIадзэ: къэхъуа гуауэр, гузэвэгъуэр езы джэгуакIуэм имылъэгъуамэ, гуауэр зейм къыхеIуатэ, езым тэмэму, пэжу къызэрилъытэм хуэдэу. Гъыбзэр е уэрэдыр иуса нэужь, езыгъэусахэр ирегъэдаIуэж, зыгуэрхэр ягу иримыхьамэ зэрегъэзахуэж аби, хъуащ жаIа нэужь, уэрэдыр цIыхум хахьэж. Ар зэфIэкIам джэгуакIуэм и Iуэху гъыбзэм хэлъыжкъым. Лъэпкъми, жылэми ящIэ ар зыусар, ауэ зыми жиIэркъым ар мопхуэдэ джэгуакIуэм и уэрэдщ, жаIэу, уэрэдыр зи цIэкIэ ежьэр ар зытеухуа цIыхуращи, гъыбзэр абы ейуэ дунейм къытонэ. Андемыркъан и уэрэдыжьыр джэгуакIуиблым зэхалъхьауэ жаIэ, ауэ уэрэдыр зейр ар зытеухуа лIыхъужь Андемыркъаныращ.Уэрэдыр зауэ гуэрым теухуамэ, а зауэм и цIэр уэрэдми цIэ хуохъу: Таукъуэ Лъэпщыкъ зи тхьэмадэ джэгуакIуэ гупым яусащ Къэбэрдей жэщтеуэшхуэм и уэрэдыр, ауэ а усагъэм Таукъуэ Лъэпщыкъу и цIэр фIащакъым, «Къэбэрдей жэщтеуэшхуэм и уэрэдыжьыр» жаIэ мыхъу.(14) Авторым и цIэр жылэм зэращыгъупщэжу, гъыбзэр адыгэ лъэпкъым зэдайуэ къонэ, зыхуаусам и цIэр зэрихьэу. Лъэпкъым зэдайуэ къахуэнэ уэрэдыр вариант зыбжанэу зэтопщIыкI. Ауэ ар яусагъащIэу, «оригинал» иIэу, щырахьэжьа зэман кIэщIым хуэсакъыу яхъумэ, пцIы хэмыхьэн, хэмыт хамыгъэувэн, хэтыр зэрамыхъуэкIын щхьэкIэ. Мис арат ПащIэ Бэчмырзэ щIыжиIэгъар:

Уэрэд щаускIэ нэсу пкъырылъ:

Пшыналъэр бгъунлъэм лъэпкъыр мэукIытэ(15), - жиIэу.
«ЗэхамыщIыкI авторыгъэр» тезыгъэкIуэту IуэрыIуатей утыкум къихьа авторыгъэт мы иджыпсту зи гугъу тщIар.
ЕтIуанэр «авторыгъэ зэхэщIыкIыращ», усакIуэм и псэр и усагъэм щыIукIэращ. Дэ мыбдеж «псэм» къыщидгъэкIыр цIыхум и гупсысэ и гурыщIэхэращ. Апхуэдэ усэкIэм – авторей гупсысэр усагъэм купщIэ щыхуэхъум – и къуэпсыр Абазэ Къамбот(16) и деж къыщыдгъуэтыну согугъэ. Фигу къэвгъэкIыжыт «Пхъэм и пшыналъэр».

Пхъэр мэхасэ, псэр мэдауэ,
Пхъэм и дауэр, уорэдэ, къэсIуатэнущ, уей.
Мы зэхэсхэр фыкъедаIуэ,
УедаIуэнкIэ, уорэдэ, ар пшыналъэщ, уей.
Зы пхъэ налъэр бэ иусэщ,
Пхъэ гъэсыну, уорэдэ, сыкъывошэ, уей.
Сыкъызэрыфшэр вы уэгужьти,
Мы жьэгужьми, уорэдэ, сыпэробзахэ, уей.
Сыкъыпэрахмэ сыфIамыщIти,
ГъущIу ящIыр, уорэдэ, сэ сагъажьэ, уей…

Пхъэр зыщытхъужу, мыпхуэдэхэр слъокI жиIэу зигъэщIагъуэу аракъым. Ар мэтхьэусыхэ, мэдауэ, мэхасэ. ДауэнкIэ хъури, хасэнкIэ хъури псэрэ акъылрэ зиIэу бэлыхь зрагъэшэчыращи, мы пшыналъэр зи дауэри цIыхуращ. Ар, зэрытлъагъущи, авторей гупсысэу, гурыгъуу къожьэри, и кIыхьагъкIэ абы тету йокIуэкI, ауэ а гупсысэр зэриухыж едзыгъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди деж къэсакъым: пыхуауэ къыщIэкIынщ. Мы хасэ-дауэр, Къамбот къигупсысахэр, зыгъэгумэщIхэр езым пшыналъэу игъэпсыжу аращи, езы усакIуэм фIыуэ къыгуроIуэж и авторыгъэр, пшыналъэм гупсысэуи, усэбзэуи хэлъыр езым зэрей, ар нэгъуэщI усагъэ гуэрми зэрыхуэмыдэр. Ауэ дэ зэхэтщIыкIын хуейщ абы и щIагъыбзэ гъэпсыкIэм и къуэпсыр псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм теухуа хуэдэу зэхэлъ аллегориехэм зэрекIуэлIэжыр.

Си гугъэщ усэ мылъхуэсымрэ усэ тIыгъуамрэ я щапхъэхэр зэдгъапщэмэ нэхъ наIуэ пщыхъуну «зэхамыщIыкI авторыгъэмрэ» «зэхащIыкI авторыгъэмрэ» зэрызэщхьэщыкIыр.

Усэ мылъхуэсым и щапхъэ:

ДжэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Ашэбей къыдэкIыж пэтрэ, и цIыхугъэ Хуэмыгъуэт и куэбжэм деж къыщыувыIэри, мыпхуэдэ усагъэ хуигъэIуат(17), жи:
Уи весэжьитIыр къызэфIыбодзэ,
Гуэгушым и кIэбдзыр уи (пхэм) иукIащ!
Къэзан Екъубыр уи хэуэ-хэпкIэщ,
Уи нартыху меркIэм джэдыр хэпкIащ.
Уи тыкуэн унэр уи лъэныкъуабэщ,
Уи бын узыхэсым уращхьэузыхьщ.
Си узыр ухьи хьэдрыхэ укIуэ, Хэмгъуэт!

Мы усэр зэрызэхэлъ бейтхэр (тIурытIу зэпха сатырхэр) я мыхьэнэ къудейракъым зэпызыщIэр, сатырэ гъэпсыкIэмкIи (синтаксей параллелизмэхэр), я зэщIэжьыуэкIэмкIи (эвфониер) зэрыIыгъщи, ситуацэ контекстыр щIымыгъу пэтми къыбгуроIуэ абы и «авторыр» зыгуэрым зыгуэр щхьэкIэ зэрехъуджауэр, ауэ абыкIэ къэтIэщIа хъуркъым усэ мылъхуэсым кIуцIылъ купщIэр: усагъэм хэмыхьауэ къонэ шхыдэр хэтми, щIэшхыдэр сытми, игу кърихур зищIысри… Мыбы хъыбар контекст хуэхъуаращ: Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Куба-Таба щыщ Щоджэн Т. Ф. зэрыжиIэжамкIэ, гъавэншэ хъуауэ Ашэбей КIуэри меркIафэ щищIащ, гуэгуш гъэва телъу, махъсымэ тету. Гуп зэхуэсам, тыкуэнтес Хуэмгъуэти яхэсу, джэгуакIуэм и Iуэху зыIутыр яжриIащ, езыхэми щхьэж хузэфIэкIымкIэ къагъэгугъащ – хэт нартыху меркIитI-щыкIэ, хэт гуэдз меркIэкIэ е ху меркIэкIэ. Арати, гупыр ешхэщ-ефэри зэбгырыкIыжащ, нэху щыри Къылъшыкъуэ выгукIэ хэхьащ къыщIагъэгугъар къаIихыну. Псоми къыщIагъэгугъам хуэдиз къыратурэ тажьджэм из къыхуащIащ, Хуэмгъуэт фIэкIа зыми къимыгъэпцIэжу. Сыжажэм и гуапэ хъунт ар – хъуакъым. ДжэгуакIуэр Ашэбей къыщыдэкIыжым Хуэмгъуэт и куэбжэм деж къыщыувыIэри, тажьджэм теувэщ аби, хьэблэм зэхахыу мо усэр игъэIуащ. Хуэмгъуэтыр къыдэжащ: «Тхьэ и хьэтыркIэ, бэяу, нартыху гъэлъа къэп уэстынщ!» – жиIэри. ДжэгуакIуэм икIуэтыжын имыдэу Ашэбейм усэр къахуигъанэри къежьэжащ.

Мы усагъэр мылъхуэсу щIыжысIэр хъыбар контекстыр зэрыщIымыгъум мыхьэнэкIэ (купщIэкIэ) чэнж къызэрищIым и закъуэкъым. Ар тIыгъуэн щхьэкIэ, усэм купсэ хуэхъун хуейщ усакIуэ Iущым и гупсысэ-гурыщIэхэр, абы усэбзэр къагъэщIэрэщIэжын хуэдэу.

Усэ тIыгъуам и щапхъэ:

Агънокъуэ Лашэрэ Къугъуэлъкъуэ Умаррэ жьы зыщIрагъэхуну уэрамым къыдэхьауэ зы тхьэмыщкIэ лэжьакIуэжь гъыуэ и нэпсхэр IэдакъэкIэ щIилъэщIыкIыу пэнтхым тету хуэзащ. 1974 гъ. мыр къызжезыIэжа Мэсей Хьэмел ищIэжыртэкъым а тхьэмыщкIэжьыр зыгъэгъа гукъеуэр. Ауэ Умар ар щилъагъум щыдэхьэшхащ, жи, абы, емыкIу ищIри. Агънокъуэм хуидакъым Къугъуэлъкъуэм и ауаныр:

- Шхын зымыгъуэтхэри магъ,
Дунеягъэм щытетхэри мэпыхьэ,
ТIуми къапыхьыр цIыху нэпсщ –
ПцIы зымыупсым зэхыредз:
ТIуми я нэпсыр шыугъэщ,
Умынабгъэу уеплъмэ – къабзэщ,
Мо бзийхэм зэщхьу полыд.
Дыгъэ къеIэкIэ гъущыркъым,
Тенджызым хэткIуэкIи хэгъуащэркъым! – жиIэри.
Хьэмел есагъэпщIэкIэ усэм и хъыбарыр къыщIигъуауэ ара къудейщ, ахъумэ усэм и идеяр къыбгурыIуэн щхьэкIэ а контекстым хуэныкъуэжтэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы купщIэу итIысхьар авторым и IуэхуеплъыкIэращ, и гупсысэ телъыджэращ. Нэпсым, цIыху гузэвэгъуэм теухуауэ усэ хьэлэмэт Iэджэ дунейпсо литературэм иIэщ, ауэ нэпсым.

Дыгъэ къеIэкIэ гъущыркъым.

Тенджызым хэткIуэкIи хэгъуащэркъым, - жиIэу а гупсысэр уафэм нэс зыIэтыфэ сыхуэзауэ сщIэжыркъым, Лашэ фIэкIа.

А Iущагъэ куури, ар къызэриIуэта усэбзэ гъуэзэджэри езы джэгуакIуэм и псэм къыхиха фIыгъуэщ, нэгъуэщIым къыхуэмыгъэщIын налъкъутщи, умышынэу шэсыпIэ уихьэ хъунщ Лашэ и авторыгъэр езы усакIуэми, усакIуэм едаIуэ цIыхухэми наIуэу зэхащIыкI авторыгъэу зэрыщытам. Ди джэгуакIуэшхуэм Iэ тедзэжыкIэ къудей ищIэу щымытами, абы и усэ щэджащэхэр тхыбзей литературэм поувэ, мопхуэдэ авторыгъэ щыпкъэм и сэбэпкIэ. Ауэ щыхъуакIэ дэ мыбдеж дыщырохьэлIэ усагъэ системэщIэ, лирикей гъэпсыкIэ уха иIэу. Абы купсэ хуэхъури къэхъуагъэкъым, факткъым, атIэ импровизацэм и усагъэ Iэпкълъэпкъыр зыубзыху авторыращ.
Хьэлэмэтщ а системэ зэхъуэкIыныгъэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпкъырыпхыу уеплъыныр.

Мы зи гугъу тщIа усэ лIэужьыгъуитIыр пкъыгъуэ плIырыплъу зэхэлъ усагъэ системэу (a, b, c, d) къапщтэмэ, усэ мылъхуэсым и моделыр мыпхуэдэу ди пащхьэ къоувэ:

Япэрей пкъыгъуэр – ситуацей контекстыращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, усэ мылъхуэсыр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, узыхуэныкъуэ информацэр зыхэлъ хъыбарыращ. А хъыбарыр ящыгъупщэжмэ, абы пкъырылъ усагъэри къагурымыIуэж мэхъу аби, ягурохуж. А пкъыгъуитIри псэун щхьэкIэ, зэрыIыгъыу щытын хуейщ. Ситуацей контекстыр ди системэм «а» – хьэрфымкIэ къыщыдогъэнаIуэ.

ЕтIуанэрей пкъыгъуэр – усэбзэращи, ар лIэужьыгъуитIу зэпкъырылъщ: япэрей лIэужьыгъуэр усэ мылъхуэсымрэ хъыбар (ситуацей) контекстымрэ зэпызыщIэ псалъэ-нагъыщэщ (слова-сигналы). Сыжажэм и усагъэр къапщтэмэ, апхуэдэ псалъэ-нагъыщэ хъужыр «гуэгуш кIэбдзыращ» (ар Хуэмгъуэт пэщIэхуагъэнт), «нартыху меркIэращ» (меркIафэм хэтахэм джэгуакIуэр къызэрагъэгугъа нэхъ мащIэращ). А псалъэ-нагъыщэхэм мы системэм щагъэзащIэ къэлэныр усэм едаIуэхэм (е къеджэхэм) усагъэм лъабжьэ хуэхъуа Iуэхур ягу къигъэкIыжу нэхъ гурыIуэгъуэ ищIыныращ. Псалъэ нагъыщэхэм къакIэлъыкIуэр – етIуанэ усэбзэ лIэужьыгъуэр – тропхэмрэ, эпитетхэмрэ, зэгъэпщэныгъэхэмрэ, усагъэр зэрызэпкъырылъ синтаксей параллелизмэхэмрэщ. И кIэщIыращи, нагъыщэ системэ етIуанэращ. Ахэр авторей гурыгъу-гурыщIэхэр къэзыIэт псалъэ шэрыуэхэрауэ догъэув.

Мы етIуанэрей пкъыгъуэр «b»-хьэрфымкIэ къыдогъэнаIуэ.
Ещанэ пкъыгъуэр усэ мылъхуэсыр зытраухуа псэукIэ Iуэхуращ: Сыжажэм и усагъэм темэ (е купщIэ) хуэхъуар джэгуакIуэм ищIа меркIафэращ: гуэгушыхъу яхуиукIщ, махъсымэ къахутригъэувэри, ныбжьэгъухэр екIуу зэхигъэсщ аби, итIанэ яхэлъэIухьащ: «Мы гъэм си гъавэр хъуакъыми, унагъуэр дызыхэпсэукIын тIэкIу щхьэкIэ сыволъэIу», - жиIэри. Псоми къагъэгугъащ, ауэ гъавэр къыщыхишыжым, гуэгуш кIэбдзыр зышха тыкуэнтес Хуэмгъуэт, къузгъэну къыщIэкIри, и псалъэм епцIыжащ, Къылъшыкъуэ абы щIэнакIэщ, ебгыжри ежьэжащ. Зэрытлъагъущи, усагъэм гупсысэ купщIэ (идейное содержание) илъкъым, псэукIэ Iуэху пыухыкIар абы ипIэ иувэу, ещанэ пкъыгъуэр ди моделым «с»-хьэрфымкIэ къыдогъэнаIуэ.

ЕплIанэ пкъыгъуэр – гупсысэ купщIэр, зэрыжытIащи, усэ мылъхуэсым пкъыгъуэу къыхэувэркъым, сыту жыпIэмэ, ар эстетикей лIэужьыгъуэрэ системэкъэгъэщI купсэу зэфIэувакъыми. Абы къыхэкIкIэ а пкъыгъуэм и нагъыщэр скобкэ хъурейм дыдогъэувэ – (d).

Мы дунейм тет дэтхэнэ Iуэхугъуэми, хьэпшыпми ещхьу, усагъэми зимыхъуэжу, мыкъутэу е емыфIакIуэу зы мардэм, зы щытыкIэм итынкIэ хъуркъым. Диалектикэм и IэмыркIэ, усэ мылъхуэсыр зиузэщIурэ мэтIыгъуэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зыужьыныгъэм и IэмыркIэ пкъыгъуэ гуэрхэри мэкхъахэр аби, мэкIуэдыж, пкъыгъуэщIэ гуэрхэри къыхоувэ. Апхуэдэурэ балигъыпIэ иува усэ моделыр япэрей пкъыгъуэ системэм имыувэж мэхъу аби, системэщIэ еубзыху. Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, япэрей пкъыгъуэр (ситуацей контекстыр) лей мэхъу, усагъэр зыхуэмыныкъуэж Iэпкълъэпкъыу къыщIедзыж аби, хуомурэ мэкIуэдыж. БалигъыпIэ иува усэр арыншэу къыбгурыIуэ щыхъукIэ, моделым и япэрей пкъыгъуэм и нагъыщэ (а)-хьэрфыр скобкэ хъурейм дыдогъэувэ. Пэжым ухуеймэ, а нагъыщэр, скобкэм дэдмыгъэувэу, системэм хэдгъэкIыжыпи хъунущ, арщхьэкIэ усэ тIыгъуа Iэджэ щыIэщ есагъэпщIэкIэ ситуацей контекстыр (усагъэм и хъыбарыр) къыздрахьэкIыу. Абы и щапхъэ:

Илъэс 92-рэ зи ныбжь, Дохъушыкъуей щыщ Ащын Темыркъан 1974 гъ. къыджеIэж «Агънокъуэм гъащIэм хужиIар». «Дунейм зыщимыгъэнщIу лIэжащ тхьэмыщкIэр. Илъэс пщIейм нэблэгъауэ хэлът ар, зыгъэлIэну узыр къеуэлIауэ. И псэм ищIэрт зэрымыхъужынур. Иджы абдеж жиIаращ абы сэ зэхэсхыу. ЩIэупщIакIуэ сыщIэхьат. Я гъунэгъум фо хьэкIуэ ахъырзэман къыхуихьат. Мыпхуэдэу жиIащ:

- Алыхьталэр дэ къытщхьэщытщ,
Дызытетыр гупыкIыгъуейщ.
Ей, дунеижьу бжьэфоужь матэ,
Уи фор къыдомыту утIэщIатхъыжри!
Фадэм и IэфIыр уи бэт,
ЦIыхубзым и дахэр уи нэхъыбэжт.
ЛIым и гъащIэр уи зы лъэбакъуэт,
Мин ирикъуами сфIэмыкуэдынт!

«Сэ мы ажал узым къыщIыстрикъузэр сызэремыфэжыфыр аращ», - жиIэрти дэхьэшхырт.

Зэрытлъагъущи, мыбы щIыгъу хъыбарым мыхьэнэ щIагъуэ иIэкъым усагъэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, фадэм теухуа гушыIэр къызэрыхилъхьэр къыумыдзэмэ, сыту жыпIэмэ мыбы купщIэ хуэхъуар (идейнэ содержанэу щIэувар) автор щыпкъэм (зызыщIэж авторым) и псэр зыгъэгузавэ гурыгъу-гурыщIэращи (гъащIэр зэрыфIэфIымрэ лIэныгъэр къызэримыщтэмрэ). Апхуэдэу щыхъуакIэ мыбдеж ди пащхьэм къыщиувэр лирикей гъэпсыкIэ уха зиIэ усагъэ системэщ: усэм купщIэ (е купсэ) хуэхъури къэхъуагъэ гуэркъым, факт гуэркъым, атIэ импровизацэм и гупсысэмрэ и усагъэ Iэпкълъэпкъымрэ зыубзыху-зыузэщI авторыращ, зэрыавторыр къызыгурыIуэж усакIуэращ. Апхуэдэ джэгуакIуэ лирикэр ситуацей контекстым къыIэпокI.

3. ПсэукIэм теухуа купщIэм (былевое содержание) усагъэ нэхъусам (е усэ тIыгъуам) щиIэ къэлъэныр ныкъуэ мэхъури, авторей гупсысэм (медитацэм) и формэ мыхьэнэр егъуэт аби, и къэлэным нэхъ лъагэу зеIэт. Абы и нагъыщэр дэ цы-примкIэ: «с1» къыдогъэнаIуэ.
4. Гупсысэ купщIэр (идейное содержание) – эстетикей категориещIэщ, мыпхуэдэ усагъэхэм я элементыщIэщ (апхуэдэ пкъыгъуэщIэу мы усэ тIыгъуам къыхэувар нэпс псори зэрызэхуэдэмрэ, нэпсыр дыгъэми зэрыхуэмыгъэгъущымрэ, тенджызым хэткIуэми зэрыхэмыгъуащэмрэщ – цIыхум и гуауэм нэхъ гуащIэ зэрыщымыIэр къикIыу). Ар лъэщу къыхощ Лашэ и текстым. Дэ ар скобкэм дэмыт хьэрф «d»-кIэ къыдогъэлъагъуэ.

Аращи зэмыщхьу моделитI диIэ мэхъу:
Усэ мылъхуэсым и модель: а + b + c + (d).
Усэ тIыгъуам и модель: (а) + b + c1 +d.

Зэрытлъагъущи, усэм и усагъэ купсэр псэукIэм теухуа купщIэм (с) токIуэри гупсысэ купщIэм макIуэ. Абы къокIыр усэм и утилитарей мыхьэнэр хэщIу, уеблэмэ хэхупэу, абы ипIэкIэ эстетикей пкъыгъуэр хэхъуэу, эстетикей къарум зиIэту. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар занщIэу епхащ авторей зэхэщIыкIым зиужьурэ, ар гупсысакIуэ зэрыхъум. И кIэщIыращи, IуэрыIуатэ усэр ситуацей контекстым къызэрыхэкIыр джэгуакIуэ (уэрэдус) лирикэм и зыузэщIыныгъэ лъэщщ. Уеблэмэ гурыус усэм и къэгъэшыпIэу жыпIэ хъунущ.

Сигугъэщ хьэлэмэту дызытепсэлъыхь зыхъуэжыныгъэм (зыузэщIыныгъэм) и психологей ныбзри.

Япэрей моделым (усэ нэмыхъусым) усэным (усагъэ къэгъэщIыным) нэхъ лъэщу, нэхъ пэрыту къыхуэзыгъэуш Iуэхугъуэу хэлъыр къэхъуагъэ гуэрхэр, псэукIэ Iуэхугъуэхэрамэ, усакIуэпсэм абдеж щигъэзащIэр я нэхъ къулыкъу цIыкIуращ, я нэхъ мыхьэнэ чэнжыращ; етIуанэ моделым (усэ тIыгъуам) и Iэпкълъэпкъ зекIуэкIэм зыщехъуэжри (къэхъуагъэ гуэрхэм, псэукIэ Iуэхухэм я мыхьэнэр мэкIуэщI аби), авторыпсэм, авторей гупсысэкIэм (медитацэм) и мыхьэнэм, и къарум, и Iэужьым заIэт: гурыщIэ-гургъухэм, гупсысэ куухэм, Iуэху-дунейеплъыкIэхэм усэныгъэ процессым щаIэ къарум зеIэт: усэм хэлъ авторыпсэр токIуэ.

Уэрэдус икIи усакIуэ гъэщIэгъуэн ПащIэ Бэчмырзэ лIэныгъэм теухуауэ итха элегиер щиусым, ар зыгъэпIейтейуэ усэ къэгъэщIыным къыхуэзыгъэушар езым и цIыхупсэращ, езым и дунейеплъыкIэращ. Ар ситуацей контекстым хуэныкъуэтэкъым, къэхъуагъэ гуэрым къыхигъэзыхьыртэкъым: ажал фIэкIыпIэншэм усакIуэр игъэгумэщIырти, и гурыгъу-гурыщIэхэр лирикэ нэщхъейуэ игъэпсащ:
Зэманыр псынщIэу йокIуэкIыр,
И гупхэм дису дыздешэр.

Гъуэгу быркъуэшыркъуэу дыздэкIуэм
ДеудыныщIэ мычэму.
А гупхэм дису дыздэкIуэм
Дыкъыпыхунущ зэгуэрым.
А щIыгу сызтехуэм и дежыр
Къызахъуэжынущ сэ мащэу.
Абдеж щIалъхьэнуи си хьэдэм
ДыркъуэщIэ щIыщхьэм ищIынщ.
ХъуапсапIэ дапщэ сиIами,
IэщIыб абдежым щыхъунщ.

Си гугъэмкIэ наIуэщ: мы усэр къыбгурыIуэн, и купщIэр къэбубыдын щхьэкIэ, ситуацей контекст ухуэныкъуэжкъым – тхыгъэм хэлъ мыхьэнэр гупсысэ-гурыщIэу гъэпсащи. Апхуэдэщ Агънокъуэ Лашэ, ПащIэ Бэчмырзэ, Теувэж Цыгъу сымэ я усэ нэхъыбэр, Мыжей Сэхьид, Сыжажэ Къылъшыкъуэ сымэ я усэ зыбжанэри.
Ситуацей контекстыр тхыдей контекстым хэгъэгъуэщэн хуейкъым, аитIур щызытехуэ Iэджэрэ къэхъу пэтми: япэрейр тхыдэ хъыбару гъэпсащи (псалъэм щхьэкIэ, лъэхъэнэм, е псэукIэм, е хабзэм… теухуащи…) усэ купщIэр нэхъ пыухыкIа, нэхъ тэмэм ещI. Авторей зэхэщIыкIым нэхъ лъагэу зиIэтыху, джэгуакIуэ-урэдусхэм я усагъэхэр ситуацей контекстым хуэхамэрэ тхыдей контекстым зэрыхуэныкъуэр нэхъыбэу къыщIокI, литературей тхыгъэхэм я деж абы и пщIэр нэхъри нэхъ лъагэж щыхъуу, сыту жыпIэмэ, щIэныгъэ зиIэ тхылъаджэхэри хуомурэ гупсысакIуэ мэхъу.(18)

ДжэгуакIуэмрэ уэрэдусымрэ я жанрей системэм усэ тIыгъуар къызэрыхэхьам икъукIэ тхыдей мыхьэнэшхуэ щиIащ IуэрыIуатэм: ар IуэрыIуатэм и зыузэщIыныгъэщи, усэ тIыгъуахэр тхыбзей литературэм къыпыкI имыIэу пегъэувэ. ТIощIанэ-щэщIанэ гъэхэм къэтэджа ди усакIуэ нэхъыжьхэм я усэхэм нэхърэ (ахэр еджарэ тхэуэ щыта пэтми!) Агънокъуэмрэ ПащIэмрэ я усэ тIыгъуахэр литературей поэтикэм куэдкIэ нэхъ пэблагъэщ.

Мы псалъэмакъ екIуэкIам сэ нэхъ сызыхуейуэ къыхэкI гупсысэр, сыщымыуэ закъуэмэ, мыращ: IуэрыIуатэ усагъэм зыщиузэщIкIэ, ар зыхуэунэтIауэ кIуэр литературей поэтикэращ. Ипэрей адыгэбзэ литературэм и псыпэр къызыхэкIри а хышхуэращ.

* * *
IуэрыIуатей усагъэм бгъурыту, ауэ идеологие и лъэныкъуэкIэ пэIэщIэу, и гъэпсыкIэкIи хуэдэ (ещхь) мыхъуу, лIэщIыгъуитI (е щы) хуэдизкIэ къыдэгъуэгурыкIуащ ислъамым къыздихьа зычыр Iэдэбиятыр. Ар къызыхуигъэщIар муслъымэныгъэр цIыхум яхэпщэнырати, ар зи Iэужьу щытар молэхэмрэ сохъустэхэмрэт – хьэрыпкIэ еджахэрат, итIани динми цIыхугъэми къемызэгъ залымыгъэ гуэрхэри хапщэрт, цIыхур шынагъэкIэ муслъымэн пхуэщIын ягугъэу («Блэ фIыцIэжь»). Ауэ – пэжыр жыIэн хуейщ! – зычырхэм я нэхъыбэм зыхуаузэщIыр мыслъымэныгъэмрэ цIыхугъэмрэщ, абы къыдэкIуэуи а усэхэм щыщ куэдыр гум хэхьэу усэбзэ дахэкIэ гъэпсащ. Сэ сызэрыцIыкIурэ усагъэ нэхъыфIхэм яхэзбжэу фIыуэ солъагъу «Мухьэмэд бегъымбарым и щытхъу» зычырыр и шэрыуагъэр згъэщIагъуэу:

Мухьэмэду бегъымбарыр
Дыгъэ-мазэу къыщIэкIат,
Ар дунейми щехыжар
Жэщ мазэхэу къытщыхъуат…

Дыгъэр занщIэу къепсэлъат,
Жыгым сэлам къырихат,
Мазэм къакIуэ щыжыриIэм,
И гуфIакIэм къыдэхьат…

Бегъымбарым дыгъэри къепсэлъакъым, жыгми сэлам къырихакъым, мазэри и гуфIакIэм къыдэхьакъым, итIани, ахэр щIэныгъэм къемызэгъ пэтми, Iиман зиIэхэм я фIэщ хъууэ къэгъуэгурыкIуащ. Мы усэбзэ телъыджэм сэ сигу къегъэкIыж А. С. Пушкин КъурIэным хужиIэгъар: «Плохая физика, но зато какая смелая поэзия!».(19) УсакIуэшхуэр къэзыгъэуIэбжьа едзыгъуэм хуэдэу усагъэ лъагэу гъэпсащ мы едзыгъуэри, Iэзагъэрэ гушхуэныгъэрэ хэлъу. Физикэм пэщIоувэ жыпIэу узэбакъуэ мыхъунщ апхуэдэ метафорэхэр.
Мы зычырыр зэрыщIибгъэж едзыгъуэр, нетIрейм худэу усэбзэкIэ мыIэтами, абы пебдзых мыхъуну, псалъэгъэпсакIэ гъэлъэщащ, къемэт махуэм деж Мухьэмэд и Iумэтым къащыжыну зэрыгугъэр къиIуатэу:

Мухьэмэду ди псэм хуэдэ,
Псоми ди пщу тхьэм и пщылI,
Уи Iумэту къодэIуахэр
ШэфихьэткIэ дыпщогугъ.

Мыр бегъымбарым и щытхъу защIэу зэхэлъ пэтми, политикэм хуаус уэрэдхэм емыщхьу, Iужажагъэ хэмылъу гъэпсащ.
Зычырхэр IиманкIэ гъэнщIа усагъэхэщи, нэпитIыгъэм пэIэщIэщ.
Адыгэбзэ зычырхэр куэд хъууэ щытащ, нэхъыбэу ахэр зыгъэIуу щытари бзылъхугъэхэращ. Ар цIыхухъухэм яусу щытами, зычырхэр цIыхубз литературэу (е IуэрыIуатэу) къэгъуэгурыкIуащ жытIэмэ, дыщыуэн си гугъэкъым. Ноби ахэращ мы усагъэ лIэужьыгъуэр зезыхьэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, совет лъэхъэнэм диным и бий бэлъшэвичхэр, КъурIэнымрэ чытапымрэ зэребиям ещхьу, мы усагъэхэм я бийуэ къэуври, я нэхъыбэр цIыхухэм гурагъэхужащ. ИтIани гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъухэм деж, лажьэншэ цIыхухэр щызэтраукIэм, хэкум щырахум, е зауэшхуэ къыщыхъухэм деж, зычыр тха зиIэхэм къыкъуахыжырти, мышынэу зэхуэсхэрт аби, махуэ псом е жэщ псом ахэр ягъэIуу зэхэст, зи благъэ къэтхэр, зи Iыхьлы, зи бын, зи адэ, зи щхьэгъусэ кIуэдахэр абыкIэ тхьэ елъэIуу. Мы дэ къэтщыпыжа щэщIрэ щыри апхуэдэущ хъума зэрыхъуар. Адыгэбзэ зычырхэм ягъусэу, хьэрыпыбзэ зычыр зыбжани жаIэ ди цIыхум, къагурымыIуэ пэтми. Уеблэмэ бзитIу – хьэрыпыбзэрэ адыгэбзэу! – зэхэлъ зычырхэми урохьэлIэ.

Зычырхэр нэхъыбэу зытеухуар бегъымбарыр и псэукIа, бэнэкIахэращ, ислъамым хуезыджэ усагъэхэр хэту.
Сэ икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэнщ А. С. Пушкиным «Бегъымбар» («Пророк») жыхуиIэ усэ телъыджэмрэ дэ «Мухьэмэд и гур зэратхьэщIар» жыхуэтIэ зычырымрэ я сюжетхэр куэдкIэ зэрызэтехуэр. Пушкинист Б. В. Томашевскэм зэритхымкIэ, урысей усакIуэм и тхыгъэм «лъабжьэ хуэхъуар Теурэтым ит Исайя бегъымбарым и тхылъым и еханэ пычыгъуэм щыщ мэкъамэхэращ»(20), дэ ди зычырыр Ислъамым щIыгъуу хьэрыпым къикIащ. Мис абы и пычыгъуэ:

… МелыIычхэр къеплъыхри,
Губгъуэм кIуауэ къалъагъури,
Нэрыбгищу къыздехри
Мухьэмэдым къыхуэкIуащ.

И бгъэ лъапIэр зэIуахри,
И гу лъапIэр къырахри,
ФIейуэ хэлъыр къыхахри
ШейтIан Iыхьэр хыфIадзащ.

ДжэбрэIилым тырикIэу,
МэчрэIилым илъэсу,
Ныбжьэгъу цIыкIухэм щалъагъум,
ЯукIауэ къафIэщIащ.

Дэмирэтыр къэгуоури,
И гуо макъыр зэхахри,
ЦIыху дэсыр къыдэжри
ГIэлимэтыр къахэжащ.

ЖыхуаIами щынэсым,
ЩIалэр псэууэ щилъагъум,
ГIэлимэтыр тебанэри
И нэм бахэр ныхуищIащ.

И нэбжьыцыр мажьэдзэу,
И набдзитIыр шабзэкъуу,
И дзэм нурыр къыдихыу –
ЦIыхуу щыIэм ялеящ…

Дэтхэнэ зычырми – яусауи щIыи, зэрадзэкIауи щIыи – автор иIащ, усэным хуэIэзэу. Ахэр Iэдэбиятей къежьэкIэу дунейм къытехьа щхьэкIэ, щIэныгъэншэ цIыхубэм IуэрыIуатэу кърихьэкIащ. Абы и зэранкIэ ныкъусаныгъэ Iэджи ягъуэтащ. ИтIани, абы щхьэкIэ къэмынэу, цIыхум ягъэщIасэу псэкIэ къырахьэкI.

Нобэрей ди литуратурэм усэ дапщэ иIэу пIэрэ тхылъаджэхэм апхуэдэу ягъэлъапIэу?

* * *
Зычырым къыкIэлъыкIуэр тхыгъэу къежьауэ тхыгъэу къэпсэу литературэращ.

Ар лIэужьыгъуитIу къокIуэ – алыфбей литературэрэ узэщIакIуэ литературэу. Япэр ЩэралIокъуэ НатIоукъуэ Мыхьэмэт-хьэжым и деж къыщожьэ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и зы тхыгъи дунейм къытенакъым: Адыл Джэрий зэритхымкIэ, «диным и лэжьакIуэхэм залымыгъэкIэ ирагъэгъэсыжащ абы и лэжьыгъэр».(21)

Мыхьэмэт-хьэжым къыкIэлъокIуэ Нэгумэ Шорэ. Академик Шегрен А. щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Нэгумэр усакIуэ гуащIэщ икIи нэхъ зиаужь итыр усагъэщ, е езым зэхилъхьэу, е урыс (усэхэр) зэридзэкIыу»(22). С. Нечаевми жеIэ Шорэ «поэмэ цIыкIухэр итхыу»(23) щытауэ. ИтIани нобэр къыздэсым зылIи къытхэкIакъым ахэр къилъыхъуэжыну. ДиIэр Г. Ф. Турчаниновым къигъуэтыжа «Хъуэхъу» закъуэращ.

Дыапхуэдэ защIэщ адыгэр, ди культурэр къытфIэмыIуэхужрэ хэт хуейми зредгъэлъэфалIэрэ, псалъэ яжетIэн дыукIытэу.

Мы узэщIакIуитIым яужь иту къызэкIэлъыкIуащ педагог зыбжанэ, лъэпкъым тхыбзэ хузэхалъхьэу, адыгэбзэкIэ ирагъэджэн мурад яIэу: Бэрсей Умар, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ, Дым Iэдэм, ЦIагъуэ Нурий, ЩэралIокъуэ Талъостэн сымэ – а лIыфIхэм я алыфбэхэм къыщокIуэ адыгэбзэ къабзэкIэ тхарэ гъэсэныгъэ мыхьэнэкIэ узэщIауэ псысэ, усэ зыбжанэ, сабийхэми балигъхэми я дежкIэ сэбэпу. Абыхэм яхэтщ езыхэм зэхалъхьай, хамэ тхылъхэм къырахыу зэрадзэкIаи. А тхыгъэхэм зэтехуэхэри яхэтщ, зы тхылъым къызэрырахар наIуэ къищIу. Ауэ мыбдежым щынэхъыщхьэр аракъым, щынэхъыщхьэр ахэр сюжет гъэщIэгъуэнрэ Iущыгъэрэ зэпкъырылъ текст къабзэу зэрыгъэпсаращ – къеджэгъуафIэу, гурыIуэгъуафIэу, шэрыуэу… И кIэщIыращи, литературей къарурэ дахагъэкIэ узэщIауэ зэрытхаращи, дэ абы хуит дыкъещI мы алыфбей псысэхэмрэ усэхэмрэ адыгэ Iэдэбиятым и псыпэкIэ деджэну.
Алыфбей тхыгъэхэм къакIэлъыкIуапхъэу къакIэлъокIуэ динымрэ щIэныгъэмрэ зэрыхурагъаджэ тхылъхэу бахъсэней Iэдэбыр.(24)

Мыхэр тхылъ щхьэхуэу къыдэкI, мэдрэсэхэм щырагъэдж, хьэрыпкIэ еджахэм ящэхуурэ яджу икIи яIуатэжу къэгъуэгурыкIуащ.
ПсэукIэмрэ динымрэ щыщ къэлэнхэр я пщэрылъ пэтми, мы тхыгъэхэм а Iуэхутхьэбзэхэр зэрагъэзащIэр щIэныгъэ Iэмалкъым, атIэ художественнэ Iэмалщи, езыхэри Iэдэбият поэтикэм иту гъэпсащи, ахэр литературэу къыумылъытэныр щыуагъэщ. Алыфбэ зытха адрей узэщIакIуэхэм зыхуагъэувыжа къэлэн щхьэпэхэр яхуэмыгъэзэщIамэ, дэIэпыкъуэгъуншэу утыкум къинэу я тхыгъэхэм тхылъаджэ ямыгъуэтамэ, бахъсэней Iэдэбыр абы и лъэныкъуэкIэ нэхъ насыпыфIэу къыщIэкIри, тхылъаджи игъуэтащ, и тхылъхэри ящэхуу щытащ, уеблэмэ «Адыгэ макъ» кIэзетри къызэрыдагъэкIын Iэмалхэр, абы хуэтхэн авторхэри къагъуэтащ. ЛитературэкIэ зэджэр художественнэ тхыгъэ къэгъэщIынымрэ абы и джынымрэ зэуIу щIынырамэ, ХХ лIэщIыгъуэм и пэм адыгэ литературэм зэфIэувэн щIидзауэ къэлъытапхъэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ литературэр «Октябрышхуэм и быну къыщIебгъэдзыныр» тэмэмкъым: Агънокъуэри, ПащIэри, Купри, ШэкIыхьэщIэри, Къылышбийри, ЩоджэнцIыкIури, бахъсэней Iэдэбри дэнэ пхьыну? ЩымыIагъэххэ хуэдэу уи нэр яхуэбуфIынцIыну?

Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, ди узэщIакIуэхэм лъэпкъыр еджэнымрэ тхэнымрэ къыхуэгъэушынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ящIащ: Октябрей революцэм ипэм къихуэу адыгэ хэкухэм лажьэу исащ усакIуэ пщыкIутI:

Агънокъуэ Лашэ («Усэхэр». Зэхэзылъхьар КъэрдэнгъущI Зырамыкущ. Налшыч, «Эльбрус», 1993. 204 н.),
ПащIэ Бэчмырзэ («Усыгъэхэр». Зэхэзылъхьар Къармокъуэ Хь. Гъу., Пщыбий И. Х., Хьэщыкъуей Ф. М. Налшыч, «Эльбрус», 2003. 374 н.),
Теуваж Цыгъу («Насып Iахь». Зэхэзылъхьар Кэстэн Дмитрий. Мыекъуапэ, 1980. 256 н.),
Куп Исмел-Хьэжы («Адыгэ жьыуэ»),
ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан («Молэхэм папщIэ» – 1912, «Къуажэ молэжьхэм я уэрэд» – 1913, «Бэджрэ бадзэрэ» – 1915, «Щiы хъурей»),
Дым Iэдэм («Гъуэлъыжыгъуэ тхьэлъэIу», «ЩэныфIэ цIыкIум жиIар», «Нажьмэ»),
ЩэралIокъуэ Талъостэн («Гъатхэпэ» – 1917, «Гъэмахуэ» – 1917, «Бжьыхьэ пщэдджыжь» – 1917, «ЩIымахуэ» - 1917, «ЦIыхур» - 1918, «Шэрэдж ауз» – 1918, «Мазэ» – 1918, «Гугъэ» – 1918, «НэщIыкIыж» – 1919, «Псэмрэ Iэпкълъэпкъымрэ» - 1919, «Кавказ дахэ»),
КIурашын Мухьэмэд («Ущие усэ»),
Хьэхъукъуэ Хъусен («Тэ тимыIэмэ мыхъунэу», «Сабый зэрапIурэр»),
Гуанэ Зулкъарнен («Хъуэхъу»),
Къылышбий Исмэхьил («Iуэ дыщэ»),
ЩоджэнцIыкIу Алий («Тырку хадэм» – 1916, «Жынгызмэ и ным фIыцIэжьыр, ..» – 1917, «Нанэ» – 1917); прозаикрэ, публицистуи зыбжанэ:
ЦIагъуэ Нурий («Мыслъымэн тхыдэ» – 1918, «Адыгэ тхыдэр» – 1918, «Бегъымбар дыщэм и фыз ХьэIищэт гуащэм и щытхъу», «Наринэрэ Ридадэрэ» – 1918, «Ди лъэпкъ» – 1917, «Псалъэ тIущ» – 1918, «Пэсэрей адыгэхэр, нобэрей адыгэхэр», «Адыгэр къызэрикIуэтыжар» – 1918);
Дым Iэдэм («ПсалъэфI», «КъэдаIуэ, даIуэпхъэ уфIэщIмэ», «Щэнгъасэ. Япэрей пычыгъуэ», «Щэнгъасэ. ЕтIуанэрей пычыгъуэ», «Сиратун Мухьэмэдие»), нэгъуэщI Iэджи.
1.12.2004.


1) ЦIагъуэ Нурий. Муслъымэн тхыдэ. Щытрадзар: Бахъсэн, Дым Абдулгъэфар и тедзапIэращ: 1336-м хьидрэмкIэ – 1918-м МиладымкIэ; Адыгэ тхыдэ. Щытрадзар ар дыддэращ: 1336-1918. Федоров Я. А. Историческая этнография Северного Кавказа. – М., «ИМУ», 1983.
2) Бетрозов Р. Ж. Адыги: возникновение и развитие этноса. – Нальчик, «Эльбрус», 1998.
3) Мыхэри къыдэхыжауэ джын хуей тхыгъэщ.
4) Гусев В. Е. Эстетика фольклора. – Л. «Наука», с. 4; Кагаров Е. Г. Что такое фольклор, IV-V. – М., 1929.
5) Агънокъуэ Лашэ. Усэхэр. Зэхэзылъхьар КъэрдэнгъущI Зрамыкущ. – Налшыч, «Эльбрус», 1993, н. 159.
6) Советский энциклопедический словарь. – М., 1980, с. 1433, колонка 1.
7) Акад. Соколов Ю. М. Русский фольклор. – М., Учпедиздат, 1941, с. 6.
8) Гусев В. Е. Эстетика фольклора. – Л., Учпедиздат, 1967, с. 4.
9) Налоев З. М. Из истории песни «Большое ночное нападение» (Песня и история)»// Налоев З. М. Из истории культуры адыгов. – Нальчик, «Эльбрус», 1978, с. 101.
10) Еплъ: Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ. Е. В. Гиппиус и редакцэкIэ. Зэхэзылъхьар Бэрэгъун В. Хь, КъэрдэнгъущI З. П. – М., «СК», том I – 1980; том II – 1981; том III япэ Iыхьэр – 1990. Адрей томхэр иджыри къыдэкIакъым.
11) «Си къэшэныр» Къэжэр И. къыIэрыхьэу цIыхум зэрахихьа щIыкIэр езы ГъукIэмыхъу Аубэчыр итхыжауэ си уней архивым хэлъщ. Н. З.
12) Жармунский В. Теория стиха. – Л., «СП», 1975, с. 17.
13) Стеблин-Каменский М. И. Историческая поэтика. – Л., «ИЛУ», 1978, с. 133.
14) Налоев З. М. Из истории культуры адыгов. – Нальчик, «Эльбрус», 1978, с. 100-106.
15) ПащIэ Бэчмырзэ. Усыгъэхэр. Зэхэзылъхьар Къэрмокъуэ Хь. Гъу., Пщыбий И. Х., Хьэщыкъуей Ф. М. – Налшыч, «Эльбрус», н. 37.
16) Налоев Заур. Лъабжьэмрэ щхьэкIэмрэ. – Налшыч, «Эльбрус», 1991, н. 63-69.
17) Налоев З. М. Этюды по истории культуры адыгов. – Нальчик, «Эльбрус», 1985, с. 135.
18) Ларин Б. А. О лирике как разновидности художественной речи // «Русская речь», - Л., 1927, №1, с. 52.
19) Пушкин А. С. Полное собрание сочинений в десяти томах. Том второй. – М., 1956, с. 214: «Подражание Корану».
20) Пушкин А. С. Полное собрание сочинений в десяти томах. Том второй. – М., 1956, с. 437.
21) Избранные произведения адыгских просветителей. Нальчик, 1980, с. 43.
22) Турчанинов Г. Ф. О жизни и деятельности Шоры Ногма // Ш. Б. Ногма. Филологические труды, том I. Нальчик, 1956, с. 16 (цитата из письма Шегрена к Френу, 1837).
23) Нечаев С. Д. Отрывки из путевых заметок о Юго-Восточной России // «Московский телеграф». М., 1826, ч. 7, отд. 1, с. 38.
24) Налоев З. М. Адаб баксанского культурного движения. Нальчик, «Эльбрус», 1991.

.

.

          

.