Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ТХЫБЗЭПЭ ЛИТЕРАТУРЭР
 ДжэгуакIуэхэр
Агънокъуэ Лашэ

CC-Literature and History Department

.

ДэгуакIуэ цIэрыIуэщ, усакIуэшхуэщ.

Агънокъуэ Уэсмэн и къуэ Адэлджэрий (Лашэ) 1851 гъэм Дохъушыкъуей уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ, Къуажыкъуей ищхъэрэ Къэзаншхэ щIапIащ.

.

Уэркъ жаIэ щхьэкIэ, мылъку зимIэж, къэрэхьэлъкъ псэукIэм хуэкIуэжа лъэпкъти, аращ Лашэ джэгуакIуэм яхэхьэжын щIэхъуар. Езым талантышхуэ иIэу къыщIэкIри пщыри, уэркъри, къэрэхьэлъкъри къыдихьэхыфащ.

Нэгъуеибзэ, урысыбзэ, кIахэбзэ ищIэрти, Кавказ Гупэр къызэхикIухьу щытащ, къыхуей дэтхэнэми яхуэджэгуу. Нэхъ иусу щытар ауаныщI уэрэд, хъуэхъу, гупсысэшхуэ зыхэлъ усэхэращ.

Гъыбзэусхэм ящыщакъым. ДжэгуакIуэгъуу нэхъ игъусар Абазэ Къамбот, Тырку Къасбот, ШэрыIуэжь Мыхьмуд сымэщ – щыри шыкIэпшынауэ Iэзэт.

Агънокъуэр 1918 гъэм дунейм ехыжащ.


  Агънокъуэр джэгум зэрыщыгушыIэу щытар 

ПхъэцIычыр иIыгъыу мо хъыджэбз дахэ къомыр здэщытымкIэ щекIуэкIкIэ –гуащэхэр итIысыкIауэ щысу – Агънокъуэм жиIэрт:

                БынжитIыр щызэIусэкIэ
                Лъынтхуэхэр зэщIосысэ,
                Гухэр мэкIэзыз –
                Дунейм и дахапIэр мис абдежщ! <…>
                Уи кIэр бадзэгъащтэу,
                Уи лъэр къащтэгъуейуэ,
                Уи напIэр бгъалIэу
                ЛIы зэбгъэгъуэту,
                Унэкур бгъуэтмэ
                Уи джатэр къипхыу, -
                яжреIэ хъыджэбзхэм, ауан ищI хуэдэу егъэдыхьэшх.


  Агънокъуэр щIалэхэм зэрадэгушыIэу щытар 

Агънокъуэр утыкум иту джэгур игъэджэгурт, ядэгушыIэрт, щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэхуишэурэ къызэдигъафэрт; къэгъэфапщIэу ахъшэ нэхъыбэ къезытым нэхъыфIу щытхъурт, къезымытыххэр иубырт:

                Фи пкъым къикIынури
                Фэ фхуэдэщ – щIагъуэкъым:
                Япэхэр хуэпсыгъуэу,
                Я щхьэр хуэгъуму,
                Я пкъыр имыхыу,
                Я пщэр къешэхарэ
                Пщэдыкъ кумбу,
                Я нэкIур мыдахэу,
                Я пэшыныр кIыхьрэ
                Теувэжым я щхьэр къришэхыу!


  Агънокъуэр джэдым зэрехъуэхъуар 

Лашэ Ащынхэ фIыуэ щефауэ къыщIэкIыжат. Быдэу и гур къэжанауэ. <…> Я гуащэжьым джэд игъашхэу пщIантIэм дэту щилъагъум, ехъуэхъуащ:

                - Адакъэм ирищIэу,
                АнэщIэм къикIэцIу,
                КIуэцIалъэм къырахыу,
                Къизыхым ишхыжу,
                Журтым матэкIэ иращэу,
                Къащэхур мещыму1,
                Мещыму дыхьэрэныр2
                Фи унэм ибгъэну сохъуэхъу!

                Мо вындыжьу нэхъурейр
                Ухуэразэу мэщхьэпэплъ,
                ЗыщIиплъыхьри джэджьейщ;
                ЩIэжьей щыпыр мэуIуэ,
                Ди нэри ирифынт,
                Ди фэми къеуIужынт,
                Ауэ ар IукIэ кIэцIу
                ТхыцIэкIэ гъуалъхьэм ящыщщи,
                Тхьэм нэхъей ищI!


  Агънокъуэр къыщагъэпцIам жиIар 

[Махъсымэ фалъэм дыщэ сом хадзэри Агънокъуэм къыхуашиящ]: «… махъсымэр ипфрэ, дыщэ сомыр дзапэкIэ пIыгъыу къыхэпхмэ, ууейщ, къыхумыхыфмэ сэ къысхуэнэжащ». <…> Агънокъуэм махъсымэ фалъэр ирифри апэсыр дзапэкIэ къыхихащ. [ДжэгуакIуэм сом кърагъэлъагъури имылъагъуу апэсыр къыхадзауэ арат]. Мыдрейхэр зыхуеиххэр арарти зэщIэдыхьэшхащ. Езым мыр жиIащ:

                - Бетамал, сомыр апэсыуэ къысхущIедзыж:
                Аргъей сещэурэ пащIэкIапсэ къызоубыд,
                Мэзджэд согугъэри къуаргъ къызоукI!
                Мэзджэдыр къуаргъ зыщIыр удыжьщ,
…
                Сэ си псалъэр мы дыщэ плъыжьт,
                Дыщэ плъыжьыр гъущIыжьу къыщIогъэдзыж –
                Къэзыгъэлъахъшэ нэхърэ зыгъэлъагэф!


  Агънокъуэм гуащэ хъыджэбзым жриIар 

ХьэгъуэлIыгъуэ Дохъушокъуэхэ я деж щыIэу, Агънокъуэр абы джэгуакIуэу джэгур зригъакIуэрэ гушыIэ яхилъхьэу хэтт. Абдеж зы гуащэ гуэр къэпсалъэри:

- Алыхь-алыхь, ар зи гъумагъыжь <…> [и] фызыр тхьэмыщкIэкъэ, ар дауэ <…> къелрэ? – жиIащ.
Агънокъуэр лIышхуэт, ин дыдэт, пшэрт. Ауэ тхьэкIумэ жан иIэти, гуащэм жиIэр щызэхихым:
- Укъысхуеймэ абы щхьэкIэ къомыгъанэ, дахэ <…> - жиIащ.
- А дыдыд мыгъуэ, банэ пIураулъэфи! Тхьэ, уи псалъэр уэ нэхърэ нэхъ хьэлъэжым! – щыжиIэм, Агънокъуэм ар жэуапыншэ ищIынт?
                - Ар сызэрыхуейщ, тIасэ! – жиIащ, жи: -
                Сыхуеймэ бдзапцIэ нэхърэ нэхъ хьэлъэщ,
                ПцIащхъуэ нэхърэ нэхъ псынщIэщ;
                Фом нэхърэ нэхъ IэфIщ,
                Зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ;
                Мастэ нэхърэ нэхъ папцIэщ,
                Быдзым нэхърэ нэхъ щабэщ;
                Бегъымбарым хуэдэу захуэщ –
                Си псалъэр къыпэщIэхуэм елъытащ, -
               
жиIэри щыжиIэм, «пу, нэлат!» - жиIэри къыщIэкIыжащ, жи, хъыджэбзыр.


  Агънокъуэм и ауан щIыкIэ 

Агънокъуэр Дохъушыкъуей лIыжь уэршэрым яхэсу щысти, плъэри и цIыхугъэ гуэр къилъэгъуащ, шы къэбыфэ гуэр Iэдэжу къишэжу. Шы къулайсыз гуэрт. А лIыр фызабэ гуэрым дихьэхри хэхьэжыну хуежьат, арщхьэкIэ цIыхубзым къимыдарэ хьэмэрэ цIыхубзым и дэлъхухэр къыхуилъа – сщIэркъым зэрыхъуа дыдэр, ауэ фызым зыхимыгъэхьэжар пэжщ. Езым и фызми зигъэгусэри и дыщ кIуэжауэ, лIым и цыр уарэ и пэр къыпылэлу къэнауэ – апхуэдэт. Шы къэбыфэжьыр къишэжу щилъагъум, Агънокъуэр егуоуащ, жи, мыр жиIэри:
                - Ей хуарэжь Iэдэж,
                Таж зыщхьэрыгъхэри зэубзэ,
                Гуащэ хъыджэбзхэми я пщIыхьэпIэгъу!
                Гугъу зыщIебгъэхьар фызабэт,
                Фызабэми узригъэубзэт,
                Къобзэрабзэурэ уи жыпым къиIэбэт,
                УщеIэбэрабэм укъыщIагъэIэт.
                «КъыщIагъэIащ», - жери уи фызми укъимыдэж.
                Къыпхуэнэжаращ – саур уанэр къытелъхьэ,
                Шы къэбыфэжьым уэ зытелъхьэж,
                Фызабэри телъу ехьэжьэ!
                Нартыжь къэбгъуэтмэ щауэкъуэт пхуэхъунщ! –

щыжиIэм, «алыхьым къыпхуимыгъэгъукIэ!» - жиIэри, шы къэбыфэжьыр иутIыпщри, езыр дэхьэжащ, жи.


  Агънокъуэр Шэрэдж зэрыхуэусар 

… Зы махуэ гуэрым Агънокъуэр Шэрэдж бжьэпэ тетт. Зэпрыплъым Шыпшхьэблэ хуиту илъагъурт, къыдэплъей къуршыжьым бзыгъэу <…> къыхуэплъэрт, нэхъ лъахъшэIуэу къеплъыхыжри Шэрэджыжь, уий, щIэ имыIэу ещэтэхырт <…>, дунейри нэм къиплъыхьыр щхъуантIагъэти, гупсысащ <…> Зыри жамыIэу лIыжь зытIущ Лашэ <…> бгъэдыхьэри къэувыIащ. Зыри жамыIэу, Лаши зыкърамыгъащIэу: «шэч имыIэу мы Лашэ зы гукъеяуэ гуэр иIуэтэнущ», - жыхуаIэу. Ар икIи пэжу къыщIэкIащ:

                - Уей дэ ди къуршыжьу Къэбэрдеижьым къахэплъэ,
                Пшэ кIэплъыр Дарий хьэплъыфэу зи джанэ,
                Къуэдану псы жапIэр зи куэд,
                Псы куэдыр ди щIыгум къизыутхэ,
                Нэутхэу ди Шэрэджыжьри мэхъущIэ,
                ХъущIэрэ-щIатэу дыкIэлъыплъыххэурэ мэкIуасэ –
                Сыхуоусэ сехъуапсэу щхьэхуитым!
                Уей Шэрэджыжьурэ жьакIащхъуэ мащIэ,
                Пщы щIалэм пщIыхьэпIэ мыгъуэр зыхилъэгъуэн,
                Уэ уи гъунэгъущ Къэзанокъуэжьри.
                Къэзанокъуэжьурэ бгыжь дыгъэхуэплъэри
                КъыпкIэлъыплъыххэурэ уэ уокIуэсэх.
                Узыхэхьэ гупыми зы сэлам тхуэхь,
                ПщылI и тхьэрыIуэкIэ дипщ дебэныну!

  Шэрэдж 

                Уий Шэрэджыжьурэ жьакIащхъуэ мащIэ,
                ФIыщIэ зыхуамыщIурэ пхъэдамэрыхь!
                Уи хьэрхуэрэгъущ уэ Аруаныжь псыхъуи,
                Iэщыхъуэ зыбжани бгъэгузаващ;
                КIэпсэшхуэ бгъуфIэу умыIурыщIэщ,
                КъунаныщIэ мыгъасэу уихъу-уилъу уох,
                Хыжьхэм я хабзэщи ухъущIэ-щIатэу
                Дыпщхьэщытыххэурэ уэ уокIуэсэх.
                Къазэнокъуэжьурэ бгыжь дыгъэхуэплъэм
                Зэ хуеплъэкIыжи зыгуэр тхужеIэ!
                НапщIэ мыIэтщи хуэнэщхъеифэщ,
                Щэрдан и къуэжьхэм я бзаджэщIапIэщ.


  Агънокъуэм и насыпым хужиIэжар 

                Алыхь-талэм сыкъыщигъэщIым
                ЗэрымыщIэкIэ си насып тIэкIур
                ФIикIутри Къэбэрдейм кърикIутэжащ:
                Кхъужьей жыг къэкIамэ, жылэ хуэхъуащ,
                Хъыджэбз дахэри абы къыхэкIащ –
                Маржэ хъун, фи насыпым сыхэвмын сэри! –
               
жиIэрт Агънокъуэм [джэгу] утыкум зэриту. Хэти дыхьэшхырт, хэти зыгуэр къыхуишийрт…
                  КIэзонэжь 

Агънокъуэр шууэ Къудащхэ я куэбжэмкIэ щыблэкIым ирагъэблагъащ. Къудащхэ я унэм ефэшхуэ щызэхэсу, хьэщIэ яIэу Агънокъуэр щIэхьащ. Фадэу ирафыр «кIэзонэкIэ» зэджэ урыс аркъэжьырати, гупмахуэбжьэр лъакъуэ зыщIэт рюмкIэ цIыкIумкIэ къыщыхуашийм, Лашэ, мытIыс щIыкIэ, мыхэр къипсэлъащ:
                - Уэ кIэзонэжь гущэу
                Уэ пхуэмыфащэр зыгъэжьэпхъаджэ,
                Сыбдэджэгунути шыхъужь мыгъасэу уохъу-уолъ,
                Сэ сыноплъыпэри – укъабзэ дыдэщ,
                СыпкIэлъоплъыжри, си нэр мыжанми, сыпкIуэцIыроплъ,
                Укъызэплъыххэурэ уэ укъызоджэри сызыIэпошэ,
                Шэрэджыжь банэ сыдэбгъэгъуащэмэ,
                Си шы уэдыжь гущэр сфIиукIынщ уейм.
                Дунейр щIыIэбжьмэ, хуабжьу угуакIуэщ,
                Гупыр нэщхъеймэ, быдэу ужьакIуэщ,
                ТхьэмыщкIэр щIакIуэншэм уэ уджэдыгу кIэщIщ,
                Делэжь гуэрым ужьэдикIэм уэ утэмакъкIэщIщ,
                ПIащIэр уэ къыпхуэзэмэ, мис, уогъэгувэф,
                ПIыщIар къыпхуэзами уогъэхуабэжыф.
                Дэ ди тхьэ!
                Дефэ щхьэкIэ дымыудафэу,
                Ди фэр дахэ хъу зэпыту,
                Куэдрэ дыхъуахъуэу,
                Гъэлъэхъур нышу тхуаукIыу,
                Гъавэр, вы гъашхэр ди куэду,
                Куэдрэ дыгъэпсэу!
                Уэлэхьэ, рюмкIэ цIыкIу,
                Уи лъакъуэ цIыкIур сэ соIэтмэ,
                Ауэ си лъакъуэжьитIыр уэ щыпIэтынуращ сымыщIэр!
                –жиIэри и бжьэр ирифащ.


  Лашэ хъыджэбз хьэщIэм жриIар 

[Къудащхэ здыщIэсым] джэгур ирагъэжьащ. Лашэ хъыджэбз хьэщIэр къигъэфащ; къытекIыжа нэужь, хъыджэбзым щытхъуащ:
                - Ей тхьэрыкъуэ пщэху,
                Гуащэ хужь Жан!
                Уи нэ цIыкIур упIытIу,
                ФопIытI цIыкIур уи Iупэу,
                Уи пэ цIыкIур дахащэу,
                Уи щхьэцыгъуэр данапцIэу,
                Шатэ цIынэм ухуэдэу,
                Дауи хахуэу ухурикъуа ди хьэщIэм!
                Насып зиIэ щауэ дахэм
                Къыпхэмыдэу укъидэнщ.
                Уи нэ цIыкIухэр тегъэджагуэ,
                ЕгулIыIуи IэплIэ хуэщI.
                Нащхьэ хуэпщIу къыумыгъанэу
                Мыин дыдэу еIущащэ,
                МыхъумыщIагъкIи йумыгъажьэ
                Уи жьэр джатэу йумыгъасэ.
                Унэ нысэ узэрыхъуу,
                Сабий Iэхъуэу уежьэжынщ.
                Дыщ укIуэжу къыпхуадэнкъым –
                Дади нани къошхыдэнщ,
                Дыгъэ-щыгъэу зи гъащIэм гу щызыхуэн!
                                  Ди нысэ фо 

Хужь дахэр лIы иратауэ яшэрт.
- Си бжэIу Лашэ къэуву си дагъуэр имыIуатауэ                 сыщIэвмыш! – лъэIуащ ар.
Ауэ щыхъум Лашэ абы хуэусащ:
                - Дахэр зыгъэдахэр и набдзитIщ,
                И набдзэкIитIри пцIащхъуэкIэщ,
                ЛъэнкIапIитIым теуэр и щхьэцщ,
                Кхъухьыжьыфэу тхылъымпIэр и нэкIущ,
                НэкIущхьитIыр дыхьэрэным и пщафэщ,
                Фадафэм зи гугъур ягъэш,
                Хъуэхъубэр зыхуагъэшу ди нысэ,
                Гунэсу соусэр, тхьэрыкъуэ,
                Тхьэрыкъуэ пщэхугуэрэ Iэхулъэху,
                Зи нэгум хуитурэ псэун,
                ПсэукIэм и дахэр тхьэм къуит!
                Къуитыну насыпыр щIэращIэу,
                ЩауэщIэу уи лъхугъэр щауэхъуу,
                Уи джанэр Iэщхьэхъуу бырыбу,
                Джэджьей бынурэ убагъуэу,
                Бэгъуэжари Мэзытхьэм уэ къуит!
                Уи гуащэ уи бзэр хуэщабэу,
                ТIысыпIэм и щабэкIэ угупсэу,
                Нэмысыр нарт хабзэу тхузепхьэу,
                Узытемыхьэр уи тхьэмадэжьу,
                Уи пщыкъуэжь ухуэбзэ-ухуэдэу,
                Цей зыхуэбдым уи щытхъу иIуатэу
                Дунейм утетынкIэ сэ сынохъуэхъу!
                Лъэдакъэм и махуэр
                Мы лъэпкъ Iумахуэм уэ къахуэгъанэ,
                Ди унагъуэм бадзэуэгъуэ уэшхыр нытхуэхь!
                Хьэ пасэу къэщхьэлъэ,
                Уи лъэр щытеувэм щыхъуахъуи…
                ХъуэхъубэкIэ сожьу,
                Сызэжьури сыухащ.
                Сыухащ, дахэ нысэ,
                Ди нысэ фо,
                Фом хуэдэу зыхыхьэм къалъагъун,
                Уи нитIыр къызэтехи къэбакъуэ иджы!


  Агънокъуэм цIыхубзэм яхужиIар 

Агънокъуэм, зыгуэрым и фыз башкIэ зытришэщIауэ, Iэбэри къытрихыжащ, - жиIэри сымыцIыху лIыжь гуэрым Аруан [хьэдэ щIэлъхьэ дыщыIэу] щыжиIэу зэхэсхащ. Ухэт жысIэу дыуэщIым [сыщеупщIын] сфIэемыкIуащ, щIэтлъхьэу къэдгъэзэжа нэужь згъуэтыжакъым. Усэр сфIэхьэлэмэт хъури кIэзет кIапэм тестхауэ къэнащи мыкIуэдмэ, нэхъ тэмэм къысфIощI:

                ЦIыхубзыр дунейм и дыгъэщ,
                ЦIыхубзыр дунейм и мазэщ;
                Фызмэ – гъащIэ гукъинэщ,
                Анэмэ – дунейм и жылэщ.
                ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми
                Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым.


  Агънокъуэм хъыджэбз дахэм жриIар 

Агънокъуэр джэгу гуэр хэту хъыджэбзхэм хъыджэбз хьэщIэ гуэр къыхагъэуващ, жи, узримыгъэплъу дахэу. Агънокъуэм ар щилъагъум, къикIуэтыж хуэдэу ищIри, мэуэ жиIащ жи:
                Зи нитIыр бжьыхьэ мэрэкIуапцIэ,
                Зи щхьэцыкIитIри щIы фIыцIэм теуэ,
                ДауэкIэ алыхь талэм упищэ хъутэмэ,
                Си щIалэгъуэ дахэр къеIысхыжынт,
                Бгъэ дамэкIэ уакъыхэсхынти
                ЩIым укъыхуеплъыхыу усхьынт!
                Ар щхьэкIэ алыхьыр инату бзаджэщ,
                Си жьыгъэ фаджэм и къэрэгъулщ,
                Бетэмал! –

жиIэри хъыджэбз хэщIэр игъэукIытащ, жиIэрт КхъуэIуфэ Хъызыр. Ари джэгуакIуэт.


  Агънокъуэр и щхьэгъусэм зэрыхуэусар 

… Зэ гуэр, жаIэ, тIэкIу сымаджэу хэлъу и фызым хуэусащ, жи, мыпхуэдэу:

                Ей си гуащэжьурэ
                Гъэмахуэ акъужьым нэхърэ нэхъ гуапэ,
                Зи гуапэр жэнэтым ефIэкI,
                IэфIыкIэр сабийхэм яIэщIэзылъхьэ,
                УкъысIэщIилъхьэри си унэр къибгъащ:
                Бгъэ къыппэмылъэщыжу укъуртщ;
                Сабийр мэжалIэмэ, ухьэлу Iыхьэщ;
                Уи щхьэгъусэр зэшмэ, уфадэ пIащIэщ;
                Жанхъуэтхэ я гуащэу улъагэщ,
                Дохъушокъуэхэ япхъуу удахэщ,
                …
                Армыхъумэ сыт уи лажьэ уэ! –

щыжиIэм:

- Алыхьым удихыж уэ жьэ цIапIэр! – жиIэри къыжьэхэлъащ.
- Щыгугъ уэ абы! – зыхуритIащ мыдрейми.
Аращ сэ сщIэр.


  Агънокъуэм цIыхубзыр зэригъэлъапIар 

… Агънокъуэр дыуэщI кърихьэлIат – сэ слъагъуакъым, жаIэж мыхъумэ – цIыхубз гуэр лIауэ арати, псори зэфIэкIауэ щысхэт уэршэру; еуэри ефэндым жиIащ:
- ЦIыхубзыр фIейуэ зэхэлъщ <…> Алыхьым къабыл ищIакъым цIыхубзыр, аращ мэжджытым щIыщIамыгъэхьэри, кхъэм щIыдамыгъэхьэри…
Агънокъуэм ар идакъым. ЦIыху игъэпсалъэртэкъым, яIэпиудырти, зыхуеймкIэ ириIуантIэкIырт. НытIэ, жиIаращ:

                Къэсей пащIэплъыр тхьэгъэпцIщ,
                ПцIы къыфхуиупсурэ фегъэсабыр –
                Сыбырыр унапIэ хухъу!
                Мы дунеижьыр къызэрыхъурэ
                Фундамит папщIэу зытетыр
                Хугумрэ [лъагъуныгъэмрэщ] –
                Языр зыгуркIэ тIэщIэкIмэ,
                Дунейм и кIэщи и къутэжыгъуэщ.
                ЦIыхубзыр фымыгъагъ,
                ЦIыхубзыр фымыгъабгэ:
                Гыбзищэ нэхърэ хьэбзынэ,
                ЗэфIэнэ нэхърэ [зэрылъагъу]!
                Ей уазым хуэIэзэу пащIэ бзииплъ,
                ЦIыхубзым и нэфIымрэ
                ТхьэфIым и гущIэгъумрэ сыхыумыгъадэ! – жиIэри.


  Агънокъуэм лIэныгъэм хужиIэгъар 

Лашэ Iейуэ лIэныгъэм щышынэрт, жаIэ. Абы и IуэхукIэ мыр жиIэгъащ абы (сщIэжыркъым лIам и цIэр, ауэ Аргудан щыщ хъыджэбз дахэ гуэр лIауэ ирихьэлIэри жиIауэ арт):

                Ди щIы фIыцIэжьурэ жыгыжь гъэгъа,
                Дыгъэр къыщепскIэ зытепсэ,
                Уэсыр къыщIесу зытесэ,
                Уэшхыр зыхуешхыу зытешхэ,
                Дуней цIыху цIыкIур зыгъашхэ,
                Ишхар мелуанкIэ зыпшын,
                Пшынабзэр зыгъэбзэрабзэ,
                Хьэбзынэр зыгъэдэхащIэ,
                Дахэхэр зыщIэзыкъуэж,
                Укъэныкъуакъуэурэ согъэш,
                Сижагъуэурэ мащэм сошэх.
                Ей щIы фIыцIэжьурэ дыгъужь нащIа,
                ЩIэми жьыми я хьэдэрыхэ,
                Сыту дахэ куэд щIэпхъумэжа!
                Ялыхь, Iэмал иIэхукIэ укъызэмыIэ,
                ЩимыIэжыххэми зомыгъэжьажьэ,
                Сяужь къинэми уахуэмыябгэ;
                Тхьэр зэбгами сэ сащымыщмэ,
                НэгъуэщI мыхъуми кхъужьеижьу
                Мы дунеижьым зэ сыщыгъэкIыж!


  Агънокъуэм нэпсым хужиIар 

                Шхын зымыгъуэтхэри магъ,
                Дунеягъэм щытетхэри мэпыхьэ,
                ТIуми къапыхьыр цIыху нэпсщ –
                ПцIы зымыупсым зэхыредз:
                ТIум я нэпсри шыугъэщ,
                Умынабгъэу уеплъмэ – къабзэщ,
                Мо бзийхэри зэщхьу полыд,
                Дыгъэ къеIакIэ гъущкъым,
                Тенджызым хэткIуэкIэ хэгъуащэркъым! –

жиIащ, жи, Агънокъуэм. Иджы ар тхьэмыщкIэ лэжьакIуэжь гъыуэ щилъагъум, Къугъуэлъкъукъуэ Умар жыхуаIэр щыдэхьэшхати аращ. Сэ сыщытакъым, жаIэжыр аращ.


  Агънокъуэм усэм хужиIар 

Гъаблэ хъуауэ тхьэмыщкIэм яшхын щамыгъуэтыжым, Агънокъуэр хыхьэри къуажэ-къуажэкIэ гъавэ къыхихыурэ я къулайсызхэр ипIыжащ, жаIэ. А зэманырати ди къуажэми къэкIуауэ нартыху хихырти, Чэлимэтрэ Жамырзэрэ – Къумахуэ Жамырзэрэ! – загъэпщкIуащ, Агънокъуэр щалъагъум. Гуэщым зыщагъэпщкIуауэ арти, Агънокъуэр гъумэтIымэу къакIуэу ялъэгъуащ. Щалъагъум, щIэкIуэсыкIри, зы Iуащхьэ цIыкIу гуэр деж ятIагъуэ къихыпIэ куу иIэти, кIуэхэри абы зрагъэпщкIуащ. Агънокъуэ бзаджэжьым и нэр уфIыцIауэ дунейм къыщыхъур илъагъурт, абы гу лъимытэу къэнэнт – лъитэри ардыдэм кIуэри ящхьэщыувэри:
- Уэлэхьий, - жиIащ, жи – [фыкъызэрыпщам] фипщхьэжамэ фыкъэзгъуэтынмэ!
Мыдрей тIур зыхуейр арат ягъэгушыIэнуи, «хьэ-хьэ-хьэхь» - жаIэу дыхьэшххэри къипщыжри, нартыху къэп зырыз иратащ.
Андзорыкъуэ Къесын:
- Уэлэхьий, усэу зэхэплъхьа псом нэхърэ нэхъыфIым ар! – щыжиIэм, идакъым Лашэ:

                Усэмрэ ерыскъымрэ зэпащI, Къесын,
                Язми ущремыщIэ!
                ЗэгъащIи пщыремыгъупщэ:
                Ипщэншэу ищхьэрэ щыIэ?
                ЗэIэпэгъуу дунейр къэкIухь.
                Ерыскъыншэр насыпыншэ палъэщ,
                ГушыIэншэр псэншэм хабжащ –
                Сызижагъуэным и дуней ухъу!


  Агънокъуэр Псыгуэнсу зэрыхуэусар 

Лашэрэ [Тырку] Къасботрэ Жанокъуэ Уэрдэщыкъуэ дей хьэгъуэлIыгъуэм кIуэрти, Псыгуэнсу къиуауэ нэри пэри ихьу ирихьэлIащ. Зэныкъуэкъуахэщ: хэт япэ икIын, - жаIэри. Сытми Къасботыр хыхьэри, дауэ хъуми езы псым ирихри, адрыщIкIэ къытеувэжащ, Лашэ и занщIэу къэкIуэжри; и пшынэр къищтэри къыхидзащ:

                Псыгуэнсу дыщэ,
                Зи пшахъуэр щабэ,
                Сымаджэм ягу къэкI,
                Узыншэм ягу имыкIыж,
                МыбыкIэ сыкъызэрыкIуэнур
                Дэнэ къыщыпщIа?
                Дэ думыгъэкIауи
                Уэ зумыукIыжащэрэт!

Лашэ хэхьэри ириуд-къэтэджыжми арии псым ирихащ. [Нэхъыбэм мыр Агънокъуэм жиIауэщ зэраIуатэр].


  Агънокъуэр Урыху зэрыхуэусар 

Агънокъуэр, Урыс Мыхьмуд, Тырку Къасбот сымэ зэгъусэу джэгуну Къуэгъуэлъкъуей1 кIуэрэ пэт, Урыху къиуарэ нэри пэри ихьу ирихьэлIащ. Ипщэ защIри хъуакъым, ищхъэрэ защIри хъуакъым. Щымыхъум Лашэ ехъурджэуащ, жи, псым:

                Ей Урыхужьурэ шыжь емылыдж,
                ГъащIэр уджэгуурэ йохьэкI,
                Дэ домыгъэкIауи уэ зомыукIыжащэрэт!
                Уэ мо къуршыжьым урипхъуми
                Тэрчыжь уепхъуатэри уегъэкIуасэ;
                Iэсэр къыIухьэмэ уогъэшынэ,
                Инатыр ныхэхьэмэ уотхьэлэ;
                Хьэтуейр2 псыхьэлъахуэкIэ ирогъэкъу,
                Къуэгъуэлъкъуейми ухуемыплъэкIыххэу ублож.
                Уэ псыхъуэгуащэм урабыдзышэт,
                ЛэжьакIуэ ешами урафэдэбжьэт,
                Бдзэжьейхэм уражэнэтт,
                Алыхьыр жэнэткIэ зэтэн,
                Мэуэ зыбгъэпсэхуамэ дикIынт!

Ар щыжиIэм, зы шу цIыкIу къыкъуэкIри, зырызыххэу я шхуэмылакIэр иубыдурэ, Урыху иришащ, жи. Щришым, Агънокъуэм зэрышынар щIихъумэжын мурад иIэу мыр жиIащ, жи:

                Уэ зыр уитхьэлами бэлыхьтэкъым –
                Къэбэрдейр зэрыуэркъ минт,
                Сэ ситхьэламэ арат бэлыхьыр –
                ДжэгуакIуэншу фыкъызэхэнат!

Шу цIыкIур Къуэгъуэлъкъуэм и къуэр арауэ къыщIэкIри, ину дыхьэшхри, абы нэхъ жимыIэу ишащ и адэм деж.


  Агънокъуэм щIалэ цIыкIум жриIар 

Агънокъуэм щIалэ танэ гуэр къеплът, жи, зы къуажэ гуэрым [дэту] – и нэр къижу: мыр сыту иныжь жиIэ хъунт. Абы гу лъитэри Агънокъуэм щIалэр зыбгъэдишэри жриIащ, жи, мыпхуэдэу:

                Ей си шынэхъыщIэурэ щIалIэфI,
                Сэри нэхъыщIэгъуэ сиIащ –
                Мо уи лъэгуажьэр зэрытым
                Си щхьэр щитаи щыIащ.
                Аращ, мы дунеижьыр чэзущ,
                КъеджэрэзэкIыурэ дызэблехъу.
                Уи гур хэгъахъуэ упсэуху тIэкIу:
                Шэрэджыпсым укъыхэмыкI,
                ШхуэмылакIэри умыутIыпщ,
                Щолэхъум1 ушэсмэ къэгъафэ,
                Фадэм и IэфIми зыхыумыгъэн,
                Дыгъэр плъагъухуи щыгуфIыкI,
                Ауэ пхъэIэщэкIыр умыутIыпщ –
                Ар зэрыбутIыпщу тхьэмыщкIэ ухъунщ,
                Дунеижьри ухуэлэжынщ.

Мыр Агънокъуэжьым и псалъэщ жиIэурэ СантIыкъ ПIыту жиIэжырт. Къылъшыкъуи жиIэрт апхуэдэу.


  Агънокъуэр кхъужьеижьым зэрыхуэусар 

[Агънокъуэр лIэн-къэнэну куэдрэ сымэджауэ къэтэджыжри я IуащхьэжымкIэ Нэгъуей зригъэшат]. Iуащхьэм екIуалIэри кхъужьеижьыр тIэпIарэ щхъуантIагъэм зрихьэу къилъэгъуащ. Абдежым иувыкIри Агънокъуэр хуэусащ а кхъужьейм, къызэрытIэпIари зэрыгъэгъэнури хэту:
                Уей-уей ди кхъужьеижьу,
                Гъуэжькууйм хуэдэу къахэтIэпIа,
                Уи напIэр Iэти къызэплъ!
                Уэ упсыхъуэгуащэщ,
                Уи щхьэцыр Бещтом къыпхурежьэкI,
                ЛэжьакIуэжьхэри къыпщогуфIыкI,
                Зигу упымыкIыххэри ди щIалэжь цIыкIурщ.
                Дыгъэм сыгъажьэмэ уэ узижьауэщ,
                Пшапэр зэхэуэмэ удиуэршэрыпIэщ.
                Уи напIэр Iэти къызэплъ,
                Алыхьыр фIыкIэ зэплъын,
                Зи унэр алыхьым къибгъэн,
                Хьэндрабгъуэр пызу къызэпыкIэн,
                Бжьэ миныр вууэ зэжэн,
                Бжэн лъакъуэ къомыр зыгъэтхъэжын!

Ар езыхьэжьэжар Нэгъуейр арщ. Абы жиIэжурэ цIыхум ягу къинэжащ.


  Агънокъуэм и шым хужиIэжар 

<…> сыщIалэ цIынэу Сэрмакъ сыкIуауэ сыхуэзащ Агънокъуэ джэгуакIуэр къэкIуащ жаIэри цIыху гуп щыту, гупым шы брулышхуэ тесу лIышхуэ яхэту, зыгуэр жаIэрэ дыхьэшхыжу <…> Абы жаIа псор хэт ищIэжын, ауэ мыр сощIэж: Зы IуэрыIуэдз хуэдэ гуэр яхэтт абы ЦIурэ и цIэуи, абы жиIащ:

                - Агънокъуэжьу шы къуэлэныжь,
                Уи брулыжьыр лъэгуажьэ сыс,
                Епсыхи зегъэгъэпсэху –
                УхуэмыIыгъыжу ебгъэзэшащ, зиунагъуэрэ! – жиIэри <…>
                Агънокъуэм идакъым:
                - Си Брулыжьыр мо бгыжьым хуэдэу бэшэчщ,
                Зыхуегъэшэчыри сыкъырехьэкI –
                Ар уи Тхъуэжьейти СосрыкъуапцIэр тесат,
                Жэманшэрыкъти Андемыркъанри шэсащ,
                Дэмэлеижьым и Къаргъеижьти
                Тэрчыжь и Iуфэми щызеуэгъат,
                Зауэн и IуэхукIи зыпамыщIыжт –
                ИгъащIэм зы тхьэмыщкIэ кърихьэкIкIэ сыт хъун!
                Сыджатэкъым, сыфочкъым,
                ИгъащIэм джэд фIэзгъэжакъым.

                Я дэ ди тхьэу тхьэшхуэ,
                Шым шэс джэгуакIуэу,
                ЛэжьакIуэ кIуэм я лъакъуэу,
                Фызыхьэ кIуэм я дамэрэ
                Джатэр зи дамэ мышэсу
                Шыуэ щыIэр уэ къэгъанэ!
                Я дэ ди тхьэ, си брулыжьри
                Гужьгъэжь зезыхьэ йумыт!

                Уэ жьакIэцIурэ, накIэцIурэжь,
                Зи жьэ къыжьдэхьэр зыIуатэ,
                Си шым уигу щIэгъумэ
                КъакIуи зегъэгъэпсэху! – жиIащ.


  Агънокъуэм уазым хужиIэгъар 

Зыгуэрым и хьэщIэти – уэлэхьий, зихьэщIари сщIэуэ щытатэм, сщыгъупщэжащ ахъумэ: гу сиIэжкъым! – бысымым игъусэу мэжджытым кIуат. Ефэндым уаз идти, Агънокъуэжьым ар фIэкIыхьыIуэ хъуащ. И бысым къыбгъурысым кIэщIэуIуэри жриIащ: «НакIуэ, дыгъэкIуэж!» - жиIэри. Бысымым ар идакъым. Щимыдэм Агънокъуэм мыр къыхуиусащ (Тхьэм ещIэт абы къикIынур, ауэ ефэндым и уазри щиухат, жи, абдеж):

                Фи молэ назэм и уазыр кIыхьу зэпеш,
                Емышыжу фи къуажэ уафэри мэпыхьэ.

                Уэ уигу ирихьмэ ефэнды уазым едаIуэ,
                Сэ си Iур гъущIащи схуэгъэщIытэж!

                Уи гур зыкъутэ нэхърэ – уи псэр зыгъэфI!
                IэфI игъуэту хэт фIэIу пIихын?
                …


  Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ 

[Ефэндым и щIыхуэ лIыжь цIыкIу гуэрым телъти, уэрам уэршэрым къыщытрикъузэу хуежьащ]. ЛIыжь цIыкIур зэрыпщхьэжауэ, цIыкIу дыдэ хъужауэ, «цIыIу-цIыIу-цIыIу» - жиIэф къудейт. <…> Ефэндым щыт псори къыдэщIа мыхъумэ, лIыжь цIыкIум и телъхьэ зыри хъуатэкъыми, Агънокъуэм яхуидакъым, жи: фэ къомыр зы кIапэ лъэныкъуэм фытеувэмэ, дауи, мо дзыгъуэ цIыкIур къыдревгъэхуеинщ! – жиIэри. ИтIанэ къэпсалъэри жиIащ, жи:

                - Уэлэхьэ, арам тIэ:
                Зыхуэхъур быхъуу мэтIыс,
                ЗыкIуэцIымылъри мэщэIу –
                ЦIыхум я Iуэху хэт зэхигъэкIын?
                Дунейр зэтесу къэзымыгъэщIами
                Уэ сыткIэ узэхищIэн!
                Зи ныбэ изхэр къокъей,
                Зи къикъ имылъхэр мэпщIантIэ.
                ПщIантIэрейм загъэш-заудыгъу,
                Дунейр къызэзэвэкIхэм загъэпщ.
                Мы дунеижьыр шэрхъщи мэкIэрахъуэ,
                Бетэмал, къекIэрэхъуэкIрэ
                Тхьэ сыхъуауэ нэху сыкъекIатэмэ,
                Зызыгъэшхэр тхышэу къэзгъэнэнт,
                Зызыудыгъухэр дзыгъуэ цIыкIу сщIынт,
                Быхъуу тIысхэм цIыб яхуизукIэнти,
                Быхъумрэ бытIымрэ цIыху къахэсхыжынт!
                … Къанжэр къеу<…>хыжи апхуэдэ дуней!

Ефэндыр къыхуэгубжьащ, жи:

- ЖомыIэ апхуэдэ, джаурыжь, жыхьэрмэ дакъэжь алыхь-талэм ищIын! УедэIуэн къудейр гуэныхьышхуэщ мы делэу мы ирапхым жиIэм. Пу, нэлат, пу! – жиIэурэ цIыхуу щытыр Iуишыжри IукIыжат, жи, ефэндыр.

ЩыIукъыжым Агънокъуэр аргуэру увыIакъым, якIэлъыджащ:

                Дамэ птетмэ уолъатэ,
                Лъэ пщIэмытмэ узопщэ,
                Блэ зепщэм и бзэр къиутIыпщмэ,
                ЦIыхум псалъэн щагъэтыж! –

жиIэри езыри ехыжат, жи, лIыжь цIыкIури и закъуэу къигъанэри.

Ефэндым абдеж тхьэ щиIуащ Лашэр лIэмэ щIимылъхьэжыну.


  Агънокъуэм гъащIэм хужиIар 

Дунейм зыщимыгъэнщIу лIэжащ тхьэмыщкIэр. Илъэс пщIейм нэблэгъауэ хэлът ар, зыгъэлIэну узыр къеуэлIауэ. И псэм ищIэрт зэрымыхъужынур. Иджы абдеж жиIаращ абы сэ зэхэсхыу. ЩIэупщIакIуэ сыщIэхьат. Я гъунэгъухэм фо хьэкIуэ ахъырзэман къыхуихьат. Мыпхуэдэу жиIащ:

                - Алыхь талэр дэ къытщхьэщытщ,
                Дызытетыр гупыкIыгъуейщ.

                Ей дунеижьу бжьэфоужь матэ,
                Уи фор къыдомыту утIэщIатхъыжри!

                Фадэм и IэфIыр уи куэдт,
                ЦIыхубзым и дахэр уи бэт.

                ЗылI и ныбжьыр уи зы лъэбакъуэт,
                Мин ирикъуами сфIэмыкуэдынт.

«Сэ мы ажал узым къыщIыстрикъузэр сызэремыфэжыр аращ», - жиIэрти дыхьэшхырт.


  Лашэ уэркъыжьым йохъурджауэ 

Зеиншэу, анэшым япIыжауэ щIалэ закъуэ къуажэм дэст. Ар зылъэкIхэм ягъэлIыщIэрт, фыз къодгъэшэнщ – жаIэурэ. АрщхьэкIэ сыт щыгъуи къагъэпцIэжырт. Апхуэдэу щыхъум, ар нэхъыбэу зыгъэлIыщIа Фомытхэ я пщIантIэ дэту, Къуэжьокъуэхи, Къэзаншхи, Щоджэнхи ящыщ уэркъ щауэхэри щыту, Лашэ мы усэр жиIащ:

                - Фомытхэ нэхърэ – зы фо шынакъ,
                Къуэжьокъуэхэ нэхърэ – танэ къуэлэн,
                Щоджэнхэ нэхърэ – хъарбыз ныкъуэхъу,
                Хъурзанхэ нэхърэ – зы хъыджэбз нашэ,
                Шыпш и къуэм нэхърэ – зы шабий пхыр,
                Трамэхэ нэхърэ – чэсей хъар IэлъэщI,
                Лъэпкъ мащIэщ Къэзаншхэ – зы шатэ шхыгъуэ,
                Гъуэлэжьым нэхърэ – зы жьэгу къылыш,
                Къылышхэ нэхърэ – зы дэджэхъущIэ тхьэм къызит!
                - Си щIалэ, Iыхьэлейуэ согузавэ,
                Уи вы цIыкIуитIри, мес, зэмыгуэгъущ,
                Гугъу зыпхуезгъэхьынщ:
                Си ныуэжьым и гъуэншэджыжьым къыщыщIэдзауэ
                Уэ пхуэзгъэкIуэдынщ.
                Бадзэ зыщымыдымыр уи унэжь тIэкIурщ,
                НэкIухуу нысащIэр щIэсамэ,
                Убгъэдэсын гущэт угуфIэжу.
                И щхьэцыр гъуэуэ,
                И нэжьгъуцыр тIэрэзауэ,
                Хъарзынэжьу унэ гунэсу,
                УнэсыжыхукIэ уэ къыпхуэпIащIэу,
                И Iупэ пIащIэр балий ныкъуэхъуу
                Дарий Iэщхьэхъур жьым щIихурыхукIыу,
                И босцеикIэр къыдэкIэрахъуэу,
                Щауэхъурылъхуу,
                Къилъхуу илъэпкъыр зэду,
                И дыгъи мытIэпIу –
                Тхьэр пхузоIуэ къозгъэшэнмэ!

ИкIи а зэрыжиIэм хуэдэуи щIалэм фыз къыхуишэри игъэтIысыжауэ щытащ.


Агънокъуэм и псалъэгъэпсахэр

  Лашэ Анзорхэ я пхъум зэрыхуэусар 

Джэгум хэту Лашэ Анзорхэ япхъу гуэр <…> щилъагъум жиIат, жи, мыпхуэдэу:
- Ей къуажэ махуэ хъун! Мы тхьэIухудыр сэ къызэфт. Уасэ фэстыну симыIэ, ахъшэ жыфIэнти сытемыплъа! Ауэ…
                Уэгъум фишх хъумэ сыкъыфхуешхынт,
                ЩIыIэм фис хъумэ сыкъыфхуепсынт! – жиIат, жи.


  Лашэ ефэнды къузгъуным йохъурджауэ 

Ефэндыр и щIыхуэ зытелъым щедауэм, Iужажэхэр молэм и телъхьэ хъуати, мыр яжьэхадзат, жи:

                Дамэ птетмэ уолъатэ,
                Лъэ пщIэтмэ узопщэ.
                Блэ зепщэм и бзэр къиутIыпщмэ,
                ЦIыхум псалъэн щагъэтыж.


  Лашэ тхьэм и закъуэныгъэм хужиIар 

Ащын Темыркъан мыгъуэм жиIэжт:

Лашэ сымаджэу зэхэсхат, сыщIэупщIэну сыщIэхьащ. ЛIыжь гупи щIэупщIакIуэ къэкIуауэ щIэсти, хущхьащ. Щыхущхьэм…
- ЛаIилахьэ Iилэлыхь, Алыхьыр закъуэщ, - жиIащ жи.
Ар щыжиIэм Лашэ къэпсалъэри…
- Изакъуэщ, изакъуэ… Насып диIэщи изакъуэщ, ахъуамэ ар тIу хъууэ щытамэ, дыунэхъуатэм, - жиIэри зигъэкIуриижащ.


  Лашэрэ ефэндымрэ 

Лашэ нэжэгужэу хьэгъуэлъыгъуэ гуэрым къикIыжу, къуажэ ефэндыри нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къикIыжу зэхуозэри, ефэндыр джэгуакIуэм къошхыдэ:
- Аргуэру учэфи! – жи. – Ей, тхьэм и нейр зыщыхуа, уи лIэгъуэ хъуащ, уи ефэныр зэ щыбгъэт хъунукъэ! УлIэмэ ущIэслъхьэжынкъым…
ДжэгуакIуэ ар къыфIэмыIуэхуу мэдэхьэшх:
- Уа ефэнды, - жи, - къебэ-небэмэ сысейщи, ебэпамэ ууейщ: уэрэ дэрэ ди Iуэху зэхэлъкъым.
Молэр кIэрахъуэу щыту къегъанэри Лашэ йожьэж.


  Лашэ и псалъэ Iущхэр 

1. Я къуажэпхъум IэплIэ хуащIащ жаIэри, нэгъуэщI къуажэ макIуэри щIэлъхуа къашэ.
2. Уи шыпхъу е уипхъу ептынумэ къылъыхъум иврэ и хьэрэ еплъ: и хьэр пшэрмэ, я Iэнэ куэд къытонэ; я выр къуэгъумэ, фIыуэ ягъэлажьэ.
3. Джатэ зыгъабзэ нэхърэ пшынэ зыгъэбзэрабзэ,
ЩIопщкIэ далъэ нэхърэ гъунэ изылъ!
4. Бещтор къепщэрэ тепщэр илъэсмэ,
Лъэсхэр шагъдийм дышэсыжынт!
5. Уэркъым я напэм уемыIэу я жыпыIу зэIуахыркъым.
6. Агънокъуэм, утыкум здитым, щIалэхэм я натIэм теуIуэурэ яжриIэрт:

- Уэ улIыр пэжмэ, уи къуажэпхъу къыдэхьэхыф: къэзымыцIыхур къашэркъым, къащэху!

Хъыджэбзхэм я натIэм теуIуэурэ яжриIэрт:

- Уэ ухъыджэбзыфIмэ, уи къуажэ щIалэ зегъэшэф: узымыцIыхум бэлыхь уфIощI.


  Дыхьэрэну бэракъыр вгъэбыб! 

Гъэр 1917-м Лашэ сымаджэпIэм хэлът. ЩIэупщIакIуэхэм жаIащ: «Герман зауэр къэкъутэри Арысейм революцэр къыщыхъуащ, пащтыхьри трахуащ. Зауэм щыIахэм ящыщу мохэр-мыхэр къэкIуэжащ: Къэзаншри, Щэныбэри, нэгъуэщIхэри».

Лашэ къэпсалъэри:

                <…>
                Уей Къэбэрдеижьурэ жыгей жьэгужь,
                Пхъэжь мафIэу зэхэмыкIыж,
                ЛIыхъу зи жаныбэу лъхукъуэщоубэ,
                ЛэжьакIуэбэ лIыщIакIуэм фи нэр къэвгъэпщI,
                Бжьэ къэпщIу утыкум фихьэ,
                Хуитыныгъэр Iэрылъхьэу къэблэгъащ,
                ГъащIэм фемыблэ,
                Блэ уэну фи джатэр ифх,
                Фи уанэтехыжу фызэщIэшасэ,
                Арысеидзэм фышэси фагухьэ,
                Дыхьэрэну бэракъыр вгъэбыб,
                Фи бынхэм я хуитыныгъэр зэIуфх,
                Ди хэкум зы пщыжьи къивмынэ,
                Къивмынэ дэкIуашэу молэри!

.

.

          

.