Ивгъуэтэнухэр
|
|
. |
. |
ХЬЭЩIЭ ЦЫКIУХЭР
НЫБЭЖЬ
Таисэ |
|
CC
- News Department |
. |
Къэбэрдей Балкъэрым щIалъэгъуалъэ Iуэхухэмрэ щэнхабзэмкIэ
и министерствэмрэ Тыркум щыIэ Къавказ хасэхэм я
фэдэрацэмрэ зэгъусу къызэрагъэпэща организацэм
къригъэблъэгъа ныбжьыщIэ гупыр Нальшыч къэкIуащ.
Я ныбжьхэр 11м щыщIэдзауэ 18 нэс зызыхъуэж цIыкIхэур 21
сабий мэхъу.
Министерствэм яхуигъэпса программэм зэрэтету махуэ къэс
ныбхьэщIэхэм ди хэкум и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъагъу,
къырашэкI, зырагъэплъыхь, я нэгум зрагъэужь.Абы нэмыщIи
махуэ къэс сыхьэтищ Адыгэбзэ ирагъаджэ.
Ипэ махэухэм тIэкIу щтэIэщтаблэу щыта сабиIхэр иджы
фIыдыду есэжахэщ.Псэури къызэрыкIуам щыгуфIкIыжу ахуэдэщ.
БзэкIэ гугъу ехь цыкIхэр ягъэгушхуэн папщIэ Тыркум
къикIыжу къэкIэжыпа унагъуэхэм я щIалъэ-хъыджэбз
цIыкIхэмрэ хьэщIэ цIкIухэмрэ тхьэмахуэ махуэм Пэрыт хасэм
щызэхуашэсри зэрагъэцIыхуащ.
ЛъэныкъутIым я цIыкIухэр псынщIэ дыду зэгурыIуэри,
здэджэгуахэщ Къуэдз Мишэ игъасэ пшынэауэ щалэ цыкIухэри
зэрахэту джэгу ящIащ.
Махуэм икIэм цIыкIухэр я нэгъухэр гуфIэжу зыщыхьэщIэ
Радуга санаториумым екIуэлIэжахэщ.
|
... |
|
|
. |
. |
|
|
. |
|
|